Статьи на кабардинском языке

СЫТ МАЗАЕМ И 23-Р МАХУЭШХУЭУ ЩIАГЪЭУВАР?

1922 гъэм Iэ традзащ Дзэ Плъыжьыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсиплI зэ­ры­рикъур мазаем и 23-м Iэтауэ гъэлъэпIэным ­теухуа Указым. Ауэ ипэ ита илъэсхэм а гуфIэгъуэр зэи хаIэтыкIакъым.

АДЫГЭХЭМРЭ НАРТЫХУМРЭ

Нартыхур Америкэ континентым кърашу XV лIэщIыгъуэм и кIэм, XVI  лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Евразием къахьэса пэтми, ар лъэпкъ къэкIыгъэ зыхуэхъуар куэдкъым. Ар къызыхэкIам езым и щхьэусыгъуэ иIэжщ. ЗэрытщIэщи, гъавэхэкIыщIэхэр, хадэхэкIыщIэхэр, жыгIэрысэ лIэужьыгъуэщIэхэр сыт хуэдэ лъэпкъми къабыл ищIын щхьэкIэ, ахэр езым къыдекIуэкI къэкIыгъэ гуэрым ещхьын хуейщ.

ФIЫМ ФIЫЩIЭ ПЫЛЪЩ

Къэрал, лъэпкъ лэжьакIуэ цIэрыIуэ

Къанокъуэ Арсен илъэс 65-рэ ирокъу

ЗАЛЫМХЪАН И IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР ЯГЪЭЛЪАГЪУЭ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъа­гъуэ зи гъащIэ псор сурэт щIыным тезыухуа Индрис Залымхъан къыщIэна лэжьыгъэ купщIа­фIэхэр. 

КЪЭРАЛЫМ И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭХЭМ ХЕГЪАХЪУЭ

XXIV ЩIымахуэ Олимп джэгухэу Пекин щекIуэкIар мазаем и 20-м гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыжащ. Урысей Федерацэм и атлетхэм абы щызыIэрагъэхьащ дыщэ медалу 6, дыжьыну 12, домбеякъыу 14 - псори зэхэту медаль 32-рэ. Официальнэу щымыт медаль зэпеуэм ди къэралым икIа спортсменхэм ебгъуанэ увыпIэр къыщахьащ.

ИСПЫХЭМРЭ АБЫХЭМ Я УНЭХЭМРЭ

Испыхэр Нарт эпосым хэт цIыху цIыкIужьей лъэпкъыгъуэщ. Я цIыкIуагъым емылъытауэ испыхэр хуабжьу къарууфIэт, губзыгъэт, акъылышхуэ ябгъэдэлът, лIыгъэшхуэ яхэлът, пагэхэт. Щхьэхуитыныгъэр я нэрыгъыу, къызыфIэщIыж хьэл яхэмылъу эпосым къыхощыж.

ЩЫТЫКIЭР ЗЭПIЭЗЭРЫТЩ

КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIа «щIыналъэ сы­хьэ­тым» щытеп­сэлъыхьащ рес­публикэм и эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Абыхэм ятеу­хуа я еп­лъыкIэхэр зэIущIэм къыща­Iуэтащ КъБР-м и Пра­витель­ствэм и УнафэщI Му­суков Алий, абы и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рус­там сымэ.

УНАГЪУЭЩIЭХЭМ ЯХУЭГЪЭЗА ГУЛЪЫТЭ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унэм дыгъуасэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. ЩIы­пIэм и унагъуэщIэ зыбжанэм абы щратыжащ соцальнэ дэIэпыкъуныгъэ къэралым къазэрыритым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. А мылъкумкIэ зэщхьэгъусэхэм псэупIэ унэ хьэзыр къащэхуми уней лъапсэ ирыра­щIыну къагъэсэбэпми хъунущ.

ЛЪЭНЫКЪУЭ КУЭД КЪЫЗЭЩIИУБЫДЭУ

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм, Прави­тельствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьыныгъэмкIэ и штабым, ­УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и коллегием зэхэту къызэрагъэпэща зэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ОСЕТИНХЭМРЭ АДЫГЭХЭМРЭ

Адыгэхэмрэ осетинхэмрэ зэпэгъунэгъуу зэрыпсэум нэмыщI, я тхыдэми щэнхабзэми зэгъусэу ягу къагъэкIыжыфын куэд хэтщ. Владикавказ щыщ блогер Пухаев Алик бзищкIэ иригъэкIуэкIа интервьюм иригъэблэгъащ нэхъ пасэу ди газетым щывэдгъэцIыхуа американ адыгэ сурэтыщI Чэгъэду Бэрзэдж.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке