Статьи на кабардинском языке

КЪЭШЭЖ ИННЭ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

 УсакIуэ цIэрыIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат (1973), «Работница» журналым и саугъэтыр (1983) зыхуагъэфэща Къэшэж Иннэ (1944-2000) къыщалъхуа махуэм, мазаем и 12-м, абы и усыгъэр фIыуэ зылъагъухэр щызэхуэсат Налшык къалэм и Къэбэрдей уэрамым усакIуэм щыхуагъэува фэеплъым деж.

ЩIЭПЩАКIУЭ

Хабзэ

УХЕЙМЭ, УЛЪЭЩЩ

«Уа, спорт, уэ умамырыгъэщ!» - а къыхуеджэныгъэм щIэту зэхыхьэу щытащ игъащIэ лъандэм бзэкIи фэкIи зэтемыхуэ къэралхэм я спортсменхэр Олимпиадэ щекIуэкIкIэ. Пекин щызэхэт щIымахуэ зэхьэзэхуэм Украинэм и хъуреягъкIэ екIуэкI политикэ Iэуэлъауэхэр къызэрыхэзэрыхьам а псалъэхэр пщагъэгъупщэ.

КЪЫЗДИЛЪЭТЫКIАРИ ЖЫЖЬАЩЭЩ

Астрофизикхэм гу зэрылъатамкIэ, 2017 гъэм фокIадэм и 22-м ЩIы Хъурейм пхылъэтыкIащ къаруушхуэ зиIэ нейтринэ цIыкIу.

Ди планетэр зэпымыууэ «къаудыныхь» хуабжьагъышхуэ зиIэу уахэм къилъэтыкI мэскъалхэм, ауэ а махуэм гу зылъатар и «хьэл-щэнкIэ» адрейхэм ещхьтэкъым.

НАЛШЫКРЭ ТЭРЧРЭ ЗЭПАЩIАЩ

КъБР-м и цIыхубэр сыт щыгъуи я гур хэхъуэу якIэлъоплъ пасэ зэманыр нобэрей дунейм зэребгъэзэгъын Iэмалым хуэIэижь зэпыту, зекIуэ гъунэгъуи жыжьи зэхэзыублэ «Шууей Хасэм» щыщ щIалэхэм. Мазаем и I3 - I4-хэм апхуэдэ зы теплъэгъуэ ди нэгум щIагъэкIащ Тэрч щыпсэу я ныбжьэгъухэм яхуэзэну гъуэгу теува къэбэрдей шухэм.

АНЭДЭЛЪХУБЗЭМРЭ ЩIЭБЛЭМРЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэIуах нэгъуэщIыбзэкIэ щыIэ мульфильмхэр республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмкIэ щрагъэтхыну студие.

 А Iуэхум щелэжьынущ Алиев Умар и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым. КъШР-м и Правительствэм къелъытэ анэдэлъхубзэр нэхъыфIу зэрагъэщIэнымкIэ щIэблэм ар къахуэщхьэпэну.

ПХЪЭР МЭЗЫМ ЗЫШЭЖАР

Къэхъуа

Си адэ Хьид мэзкIэ IэкIуэлъакIуэу щытащ. Абы хиха пхъэр, езыр бгъэдэмытми, къацIыхурт, апхуэдэу къабзэт, хэплъыхьа защIэти.

ХЭКУМ И ХЪУМАКIУЭМ И МАХУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Мазаем и 22-м, илъэс къэси хуэдэу, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Шау-Хун къурш щхьэдэхыпIэм цIыхухэр дэкIынущ.

ЩЫТЫКIЭ ГУГЪУМ КЪИКIЫНЫМКIЭ ЯДОIЭПЫКЪУ

ЩIагъэтIысам и щхьэусыгъуэр къызыгурыIуэжа, а къуаншагъэр игъэзэкIуэжу гъащIэм хуиту хыхьэжыну, узыншэу псэуну хуей цIыхум сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн щахуохъу Урысей ФСИН-м и къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм епха къудамэхэм.

ХЬЭРХУЭРЭГЪУХЭМ КЪЫЗЭРАНЭКI

ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и епщыкIузанэ махуэр Урысейм и командэ къыхэхамрэ абы къыдэщIхэмрэ я дежкIэ тыншакъым. Пэжщ, медаль бжыгъэхэм тIукIэ хэхъуащ, ауэ яIэщIэкIа Iэмалымрэ иужькIэ къызыхуэнамрэ зэплъытмэ, къахуихьар гукъеуэу жыпIэ хъунущ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке