Статьи на кабардинском языке

ПСЭМ И МЫЛЪКУ ГЪЭТIЫЛЪЫПIЭ

Бзэр - псэм и мылъку гъэ­тIы­лъыпIэщ, лIэщIыгъуэ куэдкIэ цIыхум зэхуихьэсам и хъумапIэщ. Хьэуэ, ар ахъшэкъым, мывэ лъапIэкъым. Абы и лъапIэныгъэр нэгъуэщIщ: макъамэу зэхэпх псалъэхэрщ, уэрэду къэIу псалъэ пычыгъуэхэрщ. Лъагъуныгъэм, ныбжьэгъугъэм, губжьым и псалъэхэрщ. ЩIэныгъэм, щэнхабзэм я псалъэхэрщ.

ПСЫМРЭ МАФIЭМРЭ ЗЫЩЫХЪУМЭНЫМ ХУЭХЬЭЗЫРЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ. Черкесск къалэм дэт «Юбилейный» спортымкIэ уардэунэм и алэрыбгъухэм щызэхуэсащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIауэ зи ныбжьыр илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ I7-м нэблагъэ спортсмен 500-м щIигъу.

УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭМ ХЭТЫНУЩ

Ингушым и Нэзрэн къалэм дэт «Магас» спортым и уардэ унэм и алэрыбгъухэм щекIуэкIащ дзюдомкIэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зэхьэзэхуэ. Саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ я хьэлъагъ елъытауэ гуп 14-у гуэшауэ щыта зи ныбжьыр илъэс 23-м нэблагъэ ныбжьыщIэ 270-м нэблагъэ.

ХЪЫТЕХ

Мыр адыгэ унэишэм и пкъыгъуэ гъэщIэгъуэну щытащ. Абы и кIапэ-лъапэу плъытэ хъуну къыщIэкIынущ нысащIэр фызыжьхэм я деж щIашауэ абы и щхьэтепхъуэр яIэтурэ щеплъыр. Хъытех хабзэр Нэгумэ Шорэ и лъэхъэнэм къыфIэкIагъэнукъым. Адыгэ хабзэм хуэгумащIэ Нэгумэ Шорэ и тхыгъэм абы щхьэкIэ зы тIэкIунитIэ къыхощыжыр, езы псалъэ «хъытехри» къыщехьыр.

КЪАРЕЙ ЭЛИНЭ И БЖЭХЭР

 «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ, сурэттех Iэзэ  Къарей Элинэ и  IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ   СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр  зезыхьэ   музейм мы махуэхэм  къыщызэIуахащ. 

ПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ ЗЭХЬЭЗЭХУЭМ МЕДАЛИТI КЪЫЩАХЬ

ТхэквондомкIэ дунейпсо федерацэм и президетым и Кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ Албанием щызэхэтащ. G2 классымкIэ зэпеуэм къыщыхэжаныкIахэмрэ щытекIуахэмрэ я олимп баллхэм абы щыхагъэхъуэну Iэмал яIащ.

ПШЫНЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭ

Илъэситхум къэзан пшынэ цIыкIур Iэпэгъу хуэхъури, Джэдгъэф ФатIимэ пшынауэ Iэзэ къыхэкIащ.

НЫДЖЭКЪУЭ-НАДЖИГО

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуапсэгъуэу зыдигъэзэгъащ зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм.
БзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, къуажэм зэреджэр псалъитIу зэхэухуэнащ: «ныджэ» - рэ «къуэ» - уэ.

IЭНАТIЭХЭМ Я IУЭХУ ЗЫIУТЫР ЩЫЗРАГЪАЩIЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм щыIэ социально-экономикэ щытыкIэм теу­хуа зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Му­хьэмэд, КъБР-м щыIэ федеральнэ инспектор нэхъыщ­хьэ Мэкъуауэ Тимур, министрхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке