ГУГЪЭФIХЭР УЭЗЫГЪЭЩI СПОРТСМЕН ЩIАЛЭЩIЭ

Мы махуэхэм Тэрч щIыналъэ администрацэм гуфIэгъуэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щагъэлъэпIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионату Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIам зэфIэкI лъагэхэр къыщызыгъэлъэгъуа Гъуэныбэ Iэуесрэ абы и гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ.
Килограмм 82-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэхьэзэхуэм пэщIэдзэ зэIущIэхэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщызыхьа Гъуэныбэ Iэуес финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм хьэрхуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Токио щекIуэкIа Олимп джэгухэм хэта Чихиркин Александр. ЗэIущIэм хухаха зэманыр 3:3-уэ иухащ, арщхьэкIэ иужьрейуэ балл къэзыхьар Чихиркинырати абы текIуэныгъэр къыхуагъэфэщащ икIи домбеякъ медалыр зыIэригъэхьащ. Юниорхэм я деж къыщихьа текIуэныгъэ дахэхэм къыкIэлъыкIуэу Гъуэныбэм и ехъулIэныгъэхэм къыщыпищащ япэу зыхэта балигъхэм я чемпионатым.
ЩIыналъэм щыщ спортсменхэу олимп спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэтхэмрэ абыхэм я тренерхэмрэ ахъшэ саугъэткIэ гъэлъапIэным теухуауэ Тэрч муниципальнэ районым щIыпIэ самоуправленэмкIэ и советым и сессием къыщащта унафэм ипкъ иткIэ Гъуэныбэ Iэуесрэ абы и гъэсакIуэ Белгъэрокъуэ Эдуардрэ ахъшэ къызэрыхахыну сертификатхэр яритащ щIыналъэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед.
Iэтащхьэм абыхэм захуигъазэу жиIащ: «Iэуес ехъулIэныгъэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуащ япэу зыхэта алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и чемпионатым. АдэкIи зэрыхигъэхъуэн гъэтIылъыгъэхэр иIэщ икIи ди гуапэу и текIуэныгъэхэм дыкIэлъыплъынущ».

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.