Статьи на кабардинском языке

КъызыхэкIар къагурыIуэркъым

ЩIы губжьам и зы техьэгъуэ ­къигъэлъэгъуащ мы махуэхэм - фокIадэм и 9-м Мароккэм щыIащ балли 7,2-рэ зыIыгъа щIыхъей шынагъуэ. Абы хэкIуэдауэ нобэкIэ къагъуэтыжащ цIыху 2400-м я хьэдэр, къызэтещэща унэ лъабжьэхэм сыт хуэдиз щIэлъми къэхутэгъуейщ.

КЪЭКIУЭНУМ ХУЭГЪЭЗА ПСАЛЪЭМАКЪ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ­щIэдзэ махуэм ди къэралым и Президент Путин Вла­димир Москва облас­тым хиубыдэ Солнечно­горск къалэм щыIэ «Сенеж» егъэджэныгъэ центрым щыхуэзащ УФ-м ­хыхьэ щIыналъэхэм я еджа­кIуэ нэхъыфIхэм, ­жы­джэрхэм, олимпиадэ­хэмрэ нэгъуэщI зэпеуэ­хэмрэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщы-зыгъэлъэгъуа ныбжьы­щIэхэм.

АДЫГЭ ДЖЭГУР ЗЭХАУБЛЭЖ

Мы махуэхэм Налшык къалэ дахэу щрагъэкIуэкIащ щIалэгъуалэр куэд щIауэ зыхуэзэша адыгэ джэгу. Коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызиуб­гъуам и зэранкIэ пIалъэкIэ зэпагъэ­уауэ щыта мы Iуэхур щIэрыщIэу зэхэ­зыублэжа Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIалэгъуалэ центрым дэIэпыкъуащ КъБР-м ЩIалэгъуалэм я Iуэху­хэмкIэ министерствэр.

ЗЕИКЪУЭ ЖЫЛЭМ - ЗЫГЪЭПСЭХУПIЭЩIЭ

Бахъсэн районым и поликлиникэу Зеикъуэ къуажэ дэтым егъэщIылIа Iэгъуэблагъэр, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ 800-м нэблагъэ къызэщIэзыубыдэр, цIыхухэм я зыгъэпсэхупIэ щIыным хуэгъэзауэ ирагъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэр и кIэм нагъэсащ.

ФАЩЭР ПСОМИ ЙОКIУ

Адыгейм щыщ пщащэ зэчиифIэхэм гукъэкI ­дахэ ящIри, Кавказым и щIыпIэ хэхахэм ящыщ зым ­кIуащ икIи махуэ гукъинэж щагъэкIуащ Къэ­рэшей-Шэрджэсыми и Архъыз бгы лъапэм. 

КЪАНДУР ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Синдика» хьэщIэщым шыщхьэуIум и 3-м щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми я Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин илъэс 85-рэ, адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Феде­рацэм, дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм

VOGUE ЖУРНАЛЫМ И НАПЭКIУЭЦIХЭР ЯГЪЭДАХЭ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм 1892 гъэм щыщIэдзауэ дахагъэм, модэм теухуауэ къыщыдэкI VOGUE хьэрып журналым и фокIадэ къыдэкIыгъуэр траухуащ Иорданием щыпсэу адыгэхэм къадекIуэкI щэнхабзэ, хабзэ, псэукIэ дахэм. Амман щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я теплъэ зэкIужымрэ дуней тетыкIэ дахэмрэ гурыхь ящыхъуащ журнал цIэрыIуэм и щIэджыкIакIуэхэм.

НЭХЪ ЛЪЭЩЫР ЗЭХАГЪЭКI

Шахматхэмрэ шашкэхэмрэ дихьэххэм папщIэ Налшык щыIэ «Ладья» клубым иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм щылажьэ, гъэзэщIакIуэ властым и IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэм я зэхьэзэхуэ. 

АДЫГЭХЭР Я ЩАПХЪЭТ

Адыгэхэм я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, Iуэху зехьэкIэмрэ я хабзэхэмрэ теухуауэ зыплъыхьакIуэхэм къыдалъэгъуа куэд ятхыжащ. Мы тхыгъэ кIэщIым къыщытхьащ шэрджэсхэм я фащэр къазэрыщыхъуу щытар.
 

ПСЫХЪУЭХЭР ПХЪЭНКIИЙ ИДЗЫПIЭ ЗЫЩIАР ХЭТ?

Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэмыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр нобэ хьэлэч дыдэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке