ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену 600-м нэблагъэ.

Урысей Федерацэм и щIыхьыр яIэту зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэну щIалэ I3 икIи ехъулIэныгъэ хъарзынэхэр зэIэрагъэхьащ. Псори зэхэту абыхэм медаль 11 къахьащ – дыщэу 6, дыжьыну 2, домбеякъыу 3.

Япэ увыпIэр зыубыдхэм хуагъэфащэ лъагапIэм дэкIуеяхэщ Терчыкъуэ Таукъан, Къущхьэ Астемыр, Жырыкъ Къантемыр, Къуэдзокъуэ Марат, Лъэкъущо Альберт сымэ. КIэбышэ Темырланрэ Лыджыдэ Залымрэ етIуанэ хъуащ. Бейтыгъуэн Алан, Нэгъуей Ратмир, КIэбышэ Елдар сымэ ещанэщ.

ЩIалэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Казбек, Куэцэ Мурат, Къардэн Елдар сымэ.

АЛБЭРДЫКЪУЭ Iэмин.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 12:25

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ