КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

ЗэIущIэ екIуэкIам зы топи и гъуэм къыщыдримыгъэгъэкIыу «Iуащхьэмахуэ 2012» командэм Къэбэрдей-Балъкъэрым дыщэ медалыр къыхуихьащ. Зэхьэзэхуэм и гъуащхьэтет нэхъыфIу абы къыщалъытащ Абей Дамир, гъуащхьауэ нэхъ лъэщу - КIуэкIуэ Астемыр, топджэгу нэхъыфIу - Мэремкъул Дамир сымэ.

Абы нэмыщI, а щIыналъэм иджыри щызэхэта зэхьэзэхуэм «Iуащхьэмахуэ 2011» командэм, кIэух зэпеуэм и Iыхьэ ныкъуэм къыщыхагъэщIа нэужь, ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Соблыр Алихъан гъуащхьэхъумэ нэхъыфIу абы къыщалъытащ.

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.01.2026 - 08:56

Iулъхьэм зэрыпэщIэтыр

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу КъБР-м щыIэм щекIуэкIа зэIущIэм щагъэ­нэIуащ коррупцэм пэщIэтынымкIэ я лэжьыгъэм кърикIуахэр.
 

12.01.2026 - 08:55

Дамир Европэм и вице-чемпионщ

Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ дыгъэгъазэм и 11 - 14-хэм Косовэм и къалащхьэ Приштинэ щекIуэкIащ.

12.01.2026 - 08:55

Тхыпхъэр, гупсысэр, макъамэр….

Гъуазджэр, щэнхабзэр, макъамэр, IэпэIэсэныр зэрихьэлIа нэужь, телъыджэщ кърикIуэр. Ар псом хуэ­мы­дэу гурыхьщ лъэпкъым щыхуэгъэзам деж.

31.12.2025 - 09:03

ЖыгыщIэр зэрыбгъэшым елъытауэщ зэрыкIынур

Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ XXXIV ду­нейп­со Хъуромэ (Рождест­венс­кэ) егъэджэныгъэхэм хы­­хьэ X щIыналъэ Парламент зэхуэсыр.

31.12.2025 - 09:03

ЕхъулIэныгъэхэр къахудэкIуэну!

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ пщIэ­шхуэ зиIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм хуэлажьэхэм.