ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

Республикэм и къалащхьэм дэт унэжьхэм къы­щIагъэIэпхъукIыну зыхуамурад унагъуэхэм ящыщу 80-м фэтэрыщIэхэр къызэрыхуа­гъэфэщам щыхьэт техъуэ дэфтэрхэмрэ (сертификат) IункIыбзэIуххэмрэ щратыжа зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков Алийрэ Налшык ­къалэм администрацэм и уна­фэщI Ахъуэхъу Тайму­разрэ. 
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кавказ-Ищхъэрэ федераль­нэ щIыналъэм 2030 гъэ пщIондэ зиужьынымкIэ программэм хыхьэу, Налшык къалэ и «Мей», «Восточнэ» хьэблэщIэхэм иужьрей илъэсхэм псынщIэ дыдэу къы­дэувэ унэ­щIэхэм хыхьэ фэтэрхэм, псори зэхэту, метр зэбгъузэнатIэу мелуан 1,2-м щIигъу къы­зэщIаубыдэнущ. Ап­хуэ­дэуи, республикэм и бюджетым щыщкIэ псэу­пIэщIэхэр щаухуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и нэгъуэщI щIыпIэхэми. Коммунальнэ теплъэ зиIэ фэтэру зэхэт унэ­хэм къыщIэгъэкIын Iуэхум дэ щIэддзащ «КъБР-м жьы ­хъуа и унэхэм 2022 - 2025 гъэхэм къриу­быдэу къыщIэ­гъэIэпхъукIын» республикэ программэмрэ муниципалитетхэм а Iуэхум хуагъэ­хьэзыра программэ щхьэ­хуэмрэ япкъ иту. Иужьрей Iэмалым хуэдэ, къэралыр зэрыщыту къэтщтэнщи, япэ дыдэу къыщ­рахьэжьар ди щIыналъэрщ, республикэм и бюджетырщ ар зэрагъэзащIэри. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ­КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэщ, - жиIащ Мусуковым.
Iуэхур зэхэзыублахэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжар унэщIэхэр щаухуэ щIы­пIэхэр иджырей мардэхэм къитIасэу сыт и лъэ­ныкъуэкIи къызэгъэпэ­щы­нырщ - гъуэгущIэхэр щыу­хуэнырщ, Iэхэлъахэм сабий садхэмрэ школыщIэхэмрэ, поликлиникэхэмрэ щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэмрэ щызэтегъэувэнырщ, жьы ­хъуахэр щызэгъэпэщы­жы­нырщ. Апхуэдэ бгъэды­хьэ­кIэм хьэблэщIэхэм я щыIэ­кIэ-псэукIэр нэхъ тынши зэгъэкIуаи ищIынущ. 
- Иджырей мардэхэм тету сыт ищIыскIи зэгъэпэща фэ­тэрхэм цIыхухэр щIэгъэ­тIысхьэныр «ПсэупIэщIэхэр - къалэ гъащIэм» зыфIаща лъэпкъ проектым тетущ зэ­рагъэзащIэр. АбыкIэ унафэ къэзыщтауэ щытар УФ-м и Президент Путин Владимирщ, - къыхигъэщащ ­Ахъуэхъу Таймураз. - Жьы хъуа унэхэм къыщIэдгъэIэпхъукIыну унагъуэ 250-м фэ­тэрыщIэхэр яIэрыдгъэхьэнущ. Абыхэм ящыщу нобэкIэ дызылъэIэсар унагъуэ 80-р аращ. Мазэ къакIуэ иджыри унагъуэ 47-м фэтэрыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр еттынущ. ШыщхьэуIум и 1-м ирихьэлIэу иджыри унагъуи 123-м. МызыгъуэгукIэ, ди цIыхухэр жьы хъуа унэхэм ящыщу 87-м къыщIэдгъэIэпхъукIынущ. Ахэр тетщ уэ­рамхэу Калининградскэм, Ингушскэм, Суворовым, Идарым, Ашуровым, Крыловым я цIэхэр зезыхьэхэм. ЕтIуанэ лъэбакъуэу, 2025 гъэр иухыху, фэтэрыщIэхэр иджыри унагъуэ 466-м яIэ­рыдгъэхьэнущ, - жиIащ ­Ахъуэхъу Таймураз.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.12.2025 - 09:03

Дохутырхэм я зи чэзу зэхуэсышхуэ

Адыгэ Республикэм и ЛIы­кIуэ IуэхущIапIэу Моск­ва дэтым иджыблагъэ щызэ­хуэсащ «Дохутырхэм я хасэ» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. Абы къыщапщытэжащ 2025  гъэм ялэжьахэр.

10.12.2025 - 09:03

Лъэпкъыр ефIэкIуэныр я гъуэгугъэлъагъуэщ

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и къалащхьэм дэт къэрал филармонием щэкIуэгъуэм и 26-м щекIуэкIащ Шэрджэс Хасэм и къэпщытэжыныгъэ-хэхыныгъэ зэIущIэ иныр. Ар илъэсищым зэ зэфIагъэкI Iуэхущ.

10.12.2025 - 09:03

ЛIыхъужь хахуэ Андемыркъан

«Шынэм зауэлIыр Iэнкун ещI, икIи абы фIы кърикIуэркъым». А гупсысэр и гъуазэу, дзэ Iуэху хэхам хэтащ зи гугъу фхуэтщIыну лIыхъужьыр. 

09.12.2025 - 09:29

Урысейм бгым лыжэкIэ къежэхынымкIэ и лъэхъэнэщIэр Iуащхьэмахуэ къыщызэIуах

УФ-м экономикэ зыу­жьы­ныгъэмкIэ и министр Решетников Максимрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ щэбэт кIуам Iуащхьэмахуэ лъапэ къыщызэIуахащ Урысейм бгым лыжэкIэ ­къе­жэ­хынымкIэ и лъэ­хъэ­нэщI

09.12.2025 - 09:27

ЕджапIэхэр зэраухуэмрэ зэрызэрагъэпэщыжымрэ

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зэIущIэм, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депутатхэр щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, щIыналъэ проектхэм япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым школхэр зэрыщаухуэмрэ зэр