ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 170-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ. Ар къызэ­ра­гъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэ­гухьэныгъэмрэ.

Театр бжэIупэм лъэпкъ фа­щэхэр ящыгъыу уэрэдрэ къафэкIэ гуапэу щрагъэблэ­гъащ Тыркум къикIа ди лъэп­къэгъухэр.
ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ театрым и пэIущIэ пэшым щагъэува выставкэр хьэщIэ­хэм гъэщIэгъуэн ящы­хъуащ. Абы хагъэхьащ Бэчмырзэ илъэс зэ­мылIэужьыгъуэхэм  и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ купщIафIэхэр, и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, и тхыгъэ щхьэ­хуэ­хэм теухуауэ щIэныгъэлI­хэмрэ тхакIуэхэмрэ ятхахэр, усакIуэм къы­щIэна сурэт- хэр. Апхуэдэу щIэщыгъуэ ящы­хъуащ а псом дыщIа­-гъуа адыгэ фащэхэр, ар­джэн­хэр, пасэрей хьэп­шып­хэр. 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин жьантIэм дэсхэр яригъэцIы­хуащ пшыхьым кърихьэлIахэм. Абыхэм яхэтт респуб­ликэм и унафэщIхэр, жыла­гъуэм, ­гъуазджэм, щэн­хабзэм, литературэм я лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъэгухэм ­щыщу ирагъэблэгъа литераторхэр, Тыркум къикIа хьэ­щIэхэр. 
Къумахуэ Мухьэдин пшы­хьым зыкърезыгъэхьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ адыгэ усыгъэмрэ литературэмрэ я зэхэублакIуэ ПащIэ Бэчмыр­-зэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. 
Зи псалъэм апхуэдиз пщIэ, зи усэм къару иIа пасэрей адыгэ усакIуэхэм я иужьрей щIэблэм къыхэкIащ ПащIэ Бэчмырзэ. Абы и усэмкIэ ­ихъумащ адыгэ джэгуакIуэ цIэрыIуэ­хэм ябгъэдэлъа ­художественнэ къарумрэ ­дахагъэмрэ, гуащIэмрэ къабзагъэмрэ. Бэч­мырзэщ па­сэрей адыгэ усэм и хабзэр, и шы­фэлIыфэр, и щапхъэ ­гъуэзэджэхэр ди деж къэ­зыхьэсар. Абы и усэр апхуэдизу ­къабзэу, гум дыхьэу зэрыщытыр хэт и дежкIи нэ­рылъагъущ икIи лIэщIыгъуэ куэдым къып­хыкIа адыгэбзэ шэрыуэ зэрыбгъэ­дэ­лъыр нэ­рылъагъущ. IуэрыIуатэм и гъукIэгъэ­сэнми, ар къы­зэ­ри­нэкIри, лъэпкъ литерату­рэм хэ­бэкъуащ. Лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэ­тIылъа ПащIэ Бэчмырзэ и «дыщэ ­пхъуан­тэм» къыдэ­кIыжахэрщ ди литературэм зыужьыныгъэ нэс езытар.     Ар лъэпкъ литературэм, тхы­дэм телэжьащ. Бэчмырэ и псалъэ пэжхэм даущийуэ нобэр къыздэсым къокIуэкI. Абы и цIэр мыкIуэдыжынщ. Лъэп­къым и насыпым щIэ­бэну къекIуэкIащ ПащIэр. Аращ усакIуэм и гъащIэм насып мыу­хыу хэтари. 
- ПащIэ Бэчмырзэ дызэ­рилъэпкъэгъум дри­гушхуэн хуейщ. ЩIэныгъэ зыбгъэ­дэлъа усакIуэм езым зэхилъ­хьэжа хьэрып графикэр зи лъабжьэ алыфбеймкIэ абы цIыхухэр иригъаджэрт, езыр иритхэрт. Ар икIи Iэп­щIэ­лъапщIэт. И усэхэм, уэрэдхэм, хъуэхъухэм, гъыбзэхэм нобэр къыздэсым щIэуп­щIэшхуэ яIэщ. И Iэдакъэ­щIэкI­хэм ящыщ куэд цIыху­бэм дзапэ уэрэд яхуэхъуащ. Ар жылагъуэ гъащIэми жы­джэру зэрыхэтар тхыдэм къыхэнащ. Дэ­хуэ­хахэмрэ тхьэ­мыщкIэхэмрэ зэпымыу-уэ щIэ­гъэкъуэн яхуэхъурт, - жиIащ Къумахуэ ­Му­хьэдин. - Адыгэ литературэмрэ щэнхабзэмрэ Бэчмырзэ хуищIа хэлъхьэныгъэхэр къып­хуэ­мыIуэтэнщ. И усэхэм абы лъэпкъ зэныбжьэгъугъэм гулъытэ ин щыхуищIащ. Горь­кий Максим гу къылъитащ ПащIэ Бэч­мырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Ди лъэп­къэгъу усакIуэм тетхыхьащ Пришвин Михаил, Тихонов Николай, Олешэ Юрий, нэ­гъуэщI тхакIуэ цIэрыIуэхэр. ЛIэщIыгъуищэ къэбгъащIэрэ уи лъэужьыр щIэх дыдэ кIуэ­дыж нэхърэ, мащIэ дыдэ къэбгъащIэми, уи лъэужьыр лIэужьищкIэ мыкIуэ­ды­жы­ныр ­нэхъыфIщ. Лъэпкъым фIы хуэзыщIэхэм я цIэри я лэжьыгъэри лIэщIыгъуэ  куэдкIэ кIуэ­дыжынукъым. 
Дагъыстэн Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Ильясов ­Хизри республикэм исхэм ехъуэ­хъуащ усакIуэ цIэры­Iуэм и махуэмкIэ. Абы и псалъэм къыхигъэщащ ПащIэ Бэчмырзэ и щIэиныр мыкIуэ­дыжын папщIэ ЩоджэнцIыкIу Алийрэ КIыщокъуэ Алимрэ куэд зэралэжьар. Ар ­къеджащ ПащIэ Бэчмырзэ и усэхэм ящыщу езым лакыбзэкIэ зэридзэкIам. 
КъШР-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэ­ныгъэхэм хэт, усакIуэ, тхакIуэ, дра­матург, журналист Бе­мырзэ Зураб и псалъэм къыхигъэщащ, ПащIэ Бэчмырзэ усакIуэ ­къудей мыхъуу, ар икIи лъэпкъым шэпыIудз зэ­рыхуэхъуар, къыдалъхуахэр кIыфIыгъэм къызэрыхишар, литературэм, щэнхабзэм, щIэ­ныгъэм хуищIа хэлъхьэ­ныгъэфIхэр зэ­ры­уасэншэр, апхуэдэ цIыхухэм я псэукIар лъэп­къым зэрищапхъэр.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ, лъэп­къым и дежкIэ мыхьэ­нэшхуэрэ пщIэшхуэрэ зиIэ пшыхьщ ПащIэ Бэчмырзэ теухуа ныщхьэбэрей зэ­хыхьэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди лъэпкъыр дуней псом къе­зыгъэцIыхуа, ди щхьэр лъагэу дэзыгъэлъэгъужа апхуэдэ цIыхухэр ди мащIэщ. Ди лъэпкъ хабзэр, фащэр, Iэщэр дызэрыгушхуэщ, дуней псом щызэлъащIысащ. Бэчмырзэ хуэдэ цIыхухэм я фэеплъыр, ди бзэр, ди хабзэр, ди нэ­мысыр лъэпкъым дывгъэ­хъумэ! - жиIащ Дунейпсо Адыгэ Ха­-сэм и тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Си­рием, Иорданием, Тыркум, Адыгейм, Шэрджэсым, Краснодар, Ставрополь крайхэм, ­гъунэгъу щIыналъэхэм къикIа ди хьэщIэхэм фIыщIэ фхузощI! Лъэпкъхэм ди зэ­пыщIэныгъэр иджыри нэ­хъри дывгъэгъэбыдэ. Пшы­хьыр къызэзыгъэпэщахэми фIыщIэ яхуэфащэщ!
УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ, ­КъБР-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, КъБР-м и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ, философ, усакIуэ, ­КъБР-м и Къэ­рал саугъэтым и лауреат, ПащIэ Бэчмырзэ и пхъурылъху ХьэIупэ Джэб­рэIил ПащIэхэ, ХьэIупэхэ я лъэпкъхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуищIащ пшыхьыр къы­зэ­зыгъэ­пэ­ща­хэмрэ абы зыкърезыгъэ­хьэ­лIахэмрэ, нэгъуэщI республикэхэмрэ хамэ къэ­ралхэмрэ къикIа хьэщIэхэм.
Пшыхьым къыщыпсэлъащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI ­Тхьэгъэзит Юрэ, КъБР-м и Парламентым ­щэнхабзэмкIэ, граждан жы­ла­гъуэмрэ хъы­баре­гъащIэ политикэмрэ зегъэужьы­нымкIэ и комитетым и унафэщI Къумал Заурбэч, тхылъ тедзапIэм и унафэщI, лъахэхутэ Котляров Виктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ­КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм, нэгъуэщIхэри. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал ­драмэ театрым и артистхэм, республикэм и уэрэд­жы­IакIуэ, къэфакIуэ Iэзэхэм.

 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI