|
|
Статьи на кабардинском языке
8 мая, 2026 - 06:21
Накъыгъэм и 4-8-хэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI Урысей-Абхъаз щIалэгъуалэ форумыр Налшык къалэм къыщызэIуахащ. Ар КъБР-м и Правительствэмрэ Абхъаз Республикэм ЩIалэгъуалэм я Iуэхухэмрэ спортымкIэ и къэрал комитетымрэ къызэрагъэпэщащ, УФ-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и федеральнэ агентствэмрэ Урысеймрэ Абхъазымрэ нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ я министерствэхэмрэ я дэIэпыкъуэгъуу.
8 мая, 2026 - 06:16
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мэлыжьыхьым и 30-м концерт гукъинэж щитащ Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, 2014 гъэм щыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ Кавказ къафэхэм-кIэ Урысейм и чемпион, Гран-при саугъэтыр зыхуагъэфэща «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэм-кIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ).
7 мая, 2026 - 07:01
«Артек» дунейпсо сабий зыгъэпсэхупIэр илъэсищэм щIигъуауэ мэлажьэ ныбжьыщIэхэм я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэным, я нэгу зрагъэужьыным тещIыхьауэ. Сабиигъуэм, гуапагъэм, ныбжьэгъугъэм я лъахэ хъуащ ар.
6 мая, 2026 - 11:37
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президентым и фондым и грант къэзыхьа, «Адыгская гармошка. Голос и судьбы» зи фIэщыгъэ Iуэху дахэм хыхьэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн. Абы и лъабжьэр Шэпар Алан зэхуихьэсауэ ихъумэ пшынэхэращ.
6 мая, 2026 - 11:28
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху IуэхущIапIэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щыхэплъащ Iуэху тIощIым щIигъум.
6 мая, 2026 - 11:27
Къэзан къалэм, «Адымнар - щIэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я гъуэгу» зыфIаща, бзэхэр щадж IуэхущIапIэм щекIуэкIащ анэдэлъхубзэм и мыхьэнэм теухуа дунейпсо щIэнIуатэ (конференц). Iуэхур къызэрагъэпэщащ Урысей Федерацэм ЛъэпкъыбзэхэмкIэ и институтымрэ Тэтэрстаным ЩIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ. Ар ядиIыгъащ Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм.
5 мая, 2026 - 09:00
КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ къэрал мэкъумэш университетым и егъэджэныгъэ-лабораторэ корпусым нэгъабэ щрагъэжьа къэгъэщIэрэщIэжыныгъэ лэжьыгъэхэм мы гъэми пащащ. Ахэр ирагъэкIуэкI «ЕрыскъыпхъэмкIэ шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэпса технологиехэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «АПК-м IэщIагъэлIхэр хуэгъэхьэзырын» щIыналъэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ.
5 мая, 2026 - 09:00
Безыр Ленэ къызэригъэпэщауэ Лъэпкъ библиотекэм лъахэхутэмкIэ и къудамэм щекIуэкIащ бзэщIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ, узэщIакIуэ Елбэд Хьэсэн къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 140-рэ зэрырикъум хухаха литературэ пшыхь. Ди республикэм егъэджэныгъэм теухуауэ куэд щызылэжьа щIэныгъэлIыр тIэунейрэ хахауэ щытащ Совет Нэхъыщхьэм и депутату.
4 мая, 2026 - 12:59
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Парламентым щекIуэкIащ Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэмкIэ, туризмэмрэ хьэрычэт IуэхумкIэ комитетым и зэIущIэ. Зытепсэлъыхьар «КъБР-м и къэрал мылъкур зехьэным и IуэхукIэ» республикэ законыр къызэрагъэсэбэп щIыкIэрщ.
4 мая, 2026 - 09:00
«Кавказ дерби» фIэщыгъэр зэрихьэу шыкIэ гъуэгуанэ кIыхьхэр зэпычынымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ Бахъсэн къалэм и «Джэдыкъуэ Плъыжь» спорт комплексым. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 16-м я шууейуэ 122-рэ. Апхуэдэуи, УФ-м и тхыдэм щыяпэу километри 100 зи кIыхьагъ гъуэгуанэр нэхъ псынщIэу зэпычынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм зэуэ хэтащ шууей 38-рэ.
Страницы
|