Статьи на кабардинском языке

ЦIыхугъэ дахэмрэ зэхэтыкIэ къабзэмрэ дызэрашалIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм ЩэнхабзэмкIэ, псэкупсэ щIэиныр хъумэнымрэ цIыхубэ хъы­бар­егъащIэ IэнатIэхэм ядэ­лэ­жьэнымкIэ и комиссэм и зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ абы и тхьэмадэ, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликсрэ «Блогер нэхъыфI» унэтIыныгъэмкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтым и лау­реат хъуа Мэзукъуэбз Аслъэнрэ.

Узыгъэгупсысэн защIэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ паркым ит сурэт гъэлъэгъуапIэм накъыгъэм и 20-м къыщызэIуахащ Адыгэ лъэпкъым и Щыгъуэ-щIэж махуэм ирагъэхьэлIа Iуэху дахэ. Иорданием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ ­Эль-Саид Зайнэ и IэдакъэщIэкIхэр щызэ­хуэхьэса «Коды родной культуры» гъэлъэгъуэныгъэращ сурэтыщIхэри, лъэпкъ интеллигенцэри, къалэдэсхэри, Налшык и хьэщIэхэри зэхуэзышэсар.  

Псэ жыг

Фэеплъыр адыгэхэм я щыгъуэ махуэм ирихьэлIэ 2004 гъэм щхьэтепхъуэр трахауэ щытащ . Абдежырщ иджы республикэм ис адыгэхэр гъэ къэс накъыгъэм и 21-м щызэхуэсыр - блэкIа гуузыр ягу къагъэкIыжыну, къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр къаIуэтэну.

Олимп е Iуащхьэмахуэ я «тIысыпIэр»?

Пасэрей алыджхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, тхьэхэм я тхьэмадэ Зевс щыблэкIэ къызэухыу щытар шынагъуащэу икIи иныщэу зэщIэгъуагъуэ, къызыхиутIыпщыкI мафIэ бзийхэм ихъуреягъэр зэщIэзылыпщIэ Олимп Iуащхьэрт.

Хабзэм и нэIэ щIэту

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «муниципальнэ сыхьэт» жыпхъэм иту, район, къалэ администрацэхэм я унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэ-кIащ.
 
ЗэIущIэм гулъытэ нэхъыбэ щыхуа­щIащ республикэм щызэхаублэ къэ- рал къэпщытэныгъэхэм. Мы гъэм Зыуэ щыт къэрал экзаменыр ятынущ ныбжьыщIэ мини 5-м. 

Мылкур къызэрагъэсэбэпыр

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2024 гъэмрэ дызэрыт илъэсым и япэ мазищымрэ зэрагъэзэщIам. Апхуэдэуи «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэ­хэмрэ къэралым зэрызащIигъакъуэ Iэмалхэр къыщызэщIакъуэжащ. 

ЛъагапIэщIэхэр зи плъапIэ

Ди гуапэ зэрыхъущи, республикэм и щIалэгъуалэм мымащIэу яхэтщ ябгъэдэлъ лъэпкъ гъэсэныгъэ екIум къы­дэкIуэу, щIэныгъэ нэсым и нэхум хуеIэхэр, лъагапIэщIэхэр зи плъапIэхэр. Зи дуней еплъы­кIэрэ акъылрэ зэрыубыдауэ къэплъытэ хъуну апхуэдэ ныбжьыщIэхэм ящыщщ Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) къуажэм дэт курыт школ №1-м (уна­фэщIыр Зэрыкъуш Вадимщ) и 10-нэ классым щеджэ Нарто­къуэ Ренат. 

Зи усэхэр зэIэпах

Мечиев Кязим и цIэр зезы-хьэм НыбжьыщIэхэм я библиотекэм накъыгъэм и 14-м щыщIэдзауэ  щекIуэкIащ ­художественнэ творчествэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я VIII фестивалыр.

Сабий сымаджэхэм ехьэлIауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «ИдогъаджэДощIэ» - Къы­щыпхуэсакъ еджапIэ» («УчимЗнаем» - Заботливая шко­ла») пэхуэщIэм и къызэгъэ­пэщакIуэ Шариков Сергей. А пэхуэщIэм ди республикэм лэжьэн щыщIидзэнущ ды­зэрыт илъэсым и фокIадэ ­ма­зэм щегъэжьауэ. Iуэхум елэжь IэщIагъэлI гуп иджыпсту ди щIыналъэм щыIэщ.
 

БлэкIам къэгъазэ иIэкъым

Адыгэхэм я Щыгъуэ махуэм теухуа зэхыхьэхэр республикэм и къалэхэм, ­къуажэхэм, районхэм щIэщыгъуэу, гу­къинэжу щызэхэтащ. Махуэшхуэм хухаха, адыгэ уэрэдыжьхэр щагъэзащIэ «Си     Хэку - си уэрэд» фэеплъ-гукъэкIыж пшыхь нэхъыщхьэр «Псэ жыгым» деж щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 161-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке