|
|
Статьи на кабардинском языке
26 мая, 2026 - 05:58
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «ЩIэныпхъэхэр зи куэд Iуащхьэмахуэ» япэ ЩIыналъэзэхуаку зэхуэсышхуэм. ЩIалэгъуалэм я унэу Налшык дэтым щекIуэкIа а зэхыхьэм цIыху 700-м щIигъу кърихьэлIащ - дизайнерхэр, сурэтыщIхэр, музыкантхэр, лъэпкъ IэщIагъэхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэр, шхапIэхэр зыгъэлажьэхэр, блогерхэр, хьэрычэтыщIэхэр, щIыналъэ, къэрал къэпщытакIуэхэр.
25 мая, 2026 - 09:59
Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Джафаров Магомед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм накъыгъэм и I3-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я ещанэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.
25 мая, 2026 - 06:18
Илъэси 162-рэ ипэкIэ адыгэхэр я Хэкум иIэпхъу-кIын хуей хъуами, лIэщIыгъуэм щIигъукIэ Кавказ зауэм уардэу хэта лъэпкъыр абы ирищIыкIакъым, гугъуехь псори и фэм дигъэхуащ. Тхыдэм къызэрыджиIэщи, Тыркум яшэну цIыху минхэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iутт, я къэкIуэнур ямыщIэу. Ауэ нэхъ лъапIэ дыдэу абыхэм яIыгъыр сытыт жыпIэмэ, ар я къуажэжь къыщащта щIы IэмыщIэрат…
25 мая, 2026 - 06:15
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щекIуэкIащ «Си щIыналъэм и блэкIар: Кавказ зауэм и тхыдэм щыщ» зэIущIэр, адыгэхэм я Щыгъуэ махуэм траухуар. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, зытепсэлъыхьар лъэпкъыр зыпхыкIа гузэвэгъуэр Кавказым щыщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къызэрыхэщырщ.
24 мая, 2026 - 06:03
Накъыгъэм и 21-м цIыхухэр Налшык гъущI гъуэгу вокзалым деж къыщежьэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым кърикIуащ, бзылъхугъэхэм гъыбзэхэр жаIэу, цIыхухъухэм уэрэдыжьхэр къыхадзэурэ.
23 мая, 2026 - 07:01
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм зыщаплъыхьащ Май районым щыщ школакIуэхэм, апхуэдэуи МВД-м и лэжьакIуэхэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу Налшык къалэ зыщагъэпсэхуну къэкIуахэм.
23 мая, 2026 - 06:03
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым «Щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр зэгъэпэщыжын» программэр зыгъэзащIэхэм я къэрал гъэунэхуныгъэхэр иджыблагъэ зэфIэкIащ. Япэ лъэбакъуэхэр зыча ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ зыхуэдизыр къапщытащ, абы ущыфIэкIыжым, зыпэрыувэну IэнатIэм теухуауэ практикэ лэжьыгъэ зыбжани ягъэзэщIащ.
22 мая, 2026 - 05:41
Мыдэ-щэ толъкъун щэджащэу адыгэгур, адыгэпсэр къыщыукъубейрэ, апхуэдэ къабзэу, псэхугъуэ здигъуэтыж, а щытыкIитIри щыппкърыкI зы щIыпIэ гуэр щыIэххэмэ, апхуэдэщ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэр зи хэщIапIэ, Кавказ зауэжьыр емынэ узрэ мыкIыжын уIэгъэу къызытена лъэпкъым и фэеплъ щIыпIэр.
22 мая, 2026 - 05:38
Дыгъуасэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ Адыгэхэм я щыгъуэ-щIэж махуэм теухуа «стIол хъурей». Абы тхыдэджхэр, этнографхэр, жылагъуэ, дин лэжьакIуэхэр, гъуазджэм, щэнхабзэм я IэнатIэхэм пэрытхэр, хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, щIалэгъуалэр щытепсэлъыхьащ адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэ гугъум, тхыдэ напэкIуэцIым хэта гуауэхэм.
21 мая, 2026 - 06:03
ПащIэ Бэчмырзэ и музей Нартан къуажэм дэтым зэхыхьэ дахэ накъыгъэм и 16-м щекIуэкIащ. Ар Музейхэм я махуэм, хабзэ зэрыхъуауэ, гъэ къэс ирагъэхьэлIэ.
Адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, губзыгъэу, жьэнахуэу, усакIуэу дунейм тета лIы Iущыр ягу къагъэкIыжащ, абы и IуэхущIафэхэм ящыщхэм тепсэлъыхьащ къызэхуэсахэр.
Страницы
|