УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр. Километри 3,3-рэ зи кIыхьагъ абы Р-217 федеральнэ гъуэгум деж къыщыщIедзэри, къуажэ псом и кIыхьагъкIэ пхрокI икIи ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ курыт еджапIэмрэ уIуешэ. 
Иджыпсту лэжьакIуэхэм гъуэгу щхьэфэр тратхъунщIыкI, абы иужькIэ уэшхыпсыр зэрылъэдэну кIэнауэхэр далъхьэнущ. Ар псори зэрызэфIэкIыу, асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тIуащIэу гъуэгум тралъхьэнущ, Iуфэхэр мывэкIэ IуагъэбыдыкIынущ, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къагъэнэхунущ, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIынущ. 
Лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым и бжьыхьэм зэфIагъэкIынущ, абы текIуадэ мылъкур щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIащ.
 
 «Тхылъ псэу»
Бахъсэн щIыналъэм и Куба къуажэм и курыт еджапIэ №I-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» литературэ клубым и зи чэзу зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ районым и администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Тезадэ Каринэ, Налшык къалэм щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Жаным Саидэ сымэ, еджапIэхэм я унафэщIхэр, нэгъуэщIхэри.
Иджырей зэхуэсыр траухуауэ щытащ Булгаков Михаил и «Хьэм и гур» пьесэм икIи абы къытращIыкIа спектакль теплъэгъуэр клубым къекIуэлIахэм ирагъэлъэгъуащ. ИужькIэ ахэр тепсэлъыхьащ икIи куууэ зэпкърахащ тхакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIыр къазэрыщыхъуам.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Тхылъ псэу» литературэ клубым и зэIущIэхэр Бахъсэн щIыналъэм куэд щIауэ щрагъэкIуэкI икIи ахэр щызэхыхьэ къуажэр сыт щыгъуи яхъуэж.
ЖЫЛЭХЬЭЖ Артур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2026 - 09:03

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр.

16.05.2026 - 09:03

Наркотикым щахъумэ

КъБР-м щыIэ МВД-м къыщапщытэжащ «Ажалыр щащэр къыджеIэ» наркотикым пэщIэт урысейпсо акцэм и япэ Iыхьэм кърикIуахэр.

16.05.2026 - 09:03

Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым накъыгъэм и 14-м щекIуэкIащ адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я фестиваль-зэпеуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIы

15.05.2026 - 15:02

Къытхуэнащ и гуащIэр

УсакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьа­кIуэ Елгъэр Кашиф Мысост и къуэм и фэеплъ пхъэбгъу ар щыпсэуа, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 42

15.05.2026 - 09:03

Университетыр къыхызох

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  и бжэхэр махуитIкIэ яхузэIуихащ школыр мы гъэм къэзыух ныбжьыщIэхэм.