Статьи на кабардинском языке

УАФЭГУМ УИТУ, УШЫНЭ ХЪУНУКЪЫМ

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм жэрдэм ищIа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхакIуэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат «Когда летаешь, нельзя бояться» зыфIища и тхылъым. 
А тхылъым еджахэм гъэ кIуам зэхуэс зыбжанэ ящIри, къазэрыщыхъуами тепсэлъыхьауэ щытащ.

САКЪЫНЫГЪЭР НЭХЪЫЩХЬЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм щолажьэ административнэ хабзэр къызэпызыудахэр зытх автомат комплекс 212-рэ. 

ПЕТЕРБУРГИ АДЫГЭ КЪАФЭ КЪЫЩОФЭ

Хабзэр хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ зей лъэпкъым зэи къыпхутемыхыну. Ар лIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпыпхыфынущ, дэни щызепхьэфынущ икIи узыщыщ лъэпкъыр зэи пIэщIигъэхунукъым. Арагъэнщ, адыгэхэр щыхэхэс къэралхэмрэ щыпсэу къалэхэмрэ я лъэпкъ хабзэм и щыхьэту зы Iуэху гуэр къыщIрахьэжьэр, ансамблхэр къыщIызэрагъэпэщыр, зэхыхьэхэр щIрагъэкIуэкIыр. 

ЩIЭБЛЭР ФIЫМ ХУАУЩИЙ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм жыджэру хэтщ Бахъсэн районри.

ПУТИНЫМРЭ СИРЭ Я ЗЭХУЭЗЭМ КЪЭРАЛИТIЫР КУЭДКIЭ ЩОГУГЪ

ЛIыщхьитIыр Москва щызэхуэзэным ипэ къихуэу, гъатхэпэм и 19-м, «Жэньминь жибао» газетым къытридзащ Путин Владимир и тхыгъэ «Урысеймрэ Китаймрэ зэкъуэту я къэкIуэнум толажьэ» фIэщыгъэм щIэту. А тхыгъэр япэщIыкIэ Кремлым и сайтым къралъхьащ. Ар теухуащ Китаймрэ Урысеймрэ зэхуаIэ хъуа щытыкIэм, апхуэдэуи, Украинэм ехьэлIа зауэмрэ зэныкъуэкъумрэ зэфIэхыным ехьэлIауэ Китайм и Iуэху еплъыкIэм.

СПОРТЫР НАРКОТИКЫМ ПЭЩIЭТЩ

«Ажалыр щащэр къыджеIэ»  урысейпсо Iуэхум  хыхьэу  Прохладнэ районым и Екатериноградскэ станицэм   кекусинкай каратэмкIэ зэпеуэ щекIуэкIащ,   «Спортыр наркотикым пэщIэтщ!» къыхуеджэныгъэм щIэту.  Абы хэтащ   илъэси 6 - 15 ныбжьым ит, Прохладнэ къалэмрэ Прохладнэ районымрэ, апхуэдэуи Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм я спортсмен ныбжьыщIи 100-м нэблагъэ.

ЩАПХЪЭ

Бакъ Залым хирургщ, Налшык къалэ сымаджэщ №I-м и дохутырщ, Герниологхэм я «GREPA» европей ассоциацием, Урысейм и хирургхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. ЩIэныгъэ щызэригъэгъуэтащ Саратов МедицинэмкIэ и къэрал университетым. Щыпищащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и къудамэм.

ПАВЛОВ ВАСИЛИЙ ТЕКIУАХЭМ ЯХУОЗЭ

2023 гъэм и гъатхэпэм и 3-м къыщыщIэдзауэ и 10 пщIондэ Башкирием и къалащхьэ Уфа щекIуэкIащ МВД-м боксымкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. ЩIыналъэ зэхуэмыдэхэм къикIа организацэ I5-м я гупхэр зыхэта зэхьэзэхуэм КъБР-м и командэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ.

УЗЫТХЬЭКЪУ МЭ ГУАКIУЭ КЪЫЗЫПИХХЭР

ЩIыуэпсым къигъэщIа дахагъэхэм ящыщщ удз гъэгъахэр. Ахэм цIыхухэм я гукъыдэжыр къызэраIэтым, зэрагъэгуфIэм шэч хэлъкъым. Зи плъыфэрэ теплъэкIэ зэщхьэщыкI, мэ гуакIуэ къызыпих гъэгъа телъыджэхэм тхыдэ гъэщIэгъэун яIэжщ.

ЩIЫХЪЕЙМ И ЛЪЭУЖЬХЭР

Тыркум кIуэ гъуэгум сытехьащ

«Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр Тыркум макIуэ, ди лъэпкъэгъуу щIыхъейм хиубыдахэм ящIэупщIэну, къуажэхэр къызэхакIухьыну. УкIуэн плъэкIыну?» - жаIэу къыщызэупщIым куэдрэ сегупсысакъым: «СыкIуэнущ», - естащ жэуап.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке