Статьи на кабардинском языке

ЩIыналъэм зыIэпишэу

Республикэм зыщызыгъэпсэхуну къакIуэ туристхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуар иджыблагъэ жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис.

Кавказым къыщыщIагъэкIхэр

КИФЩI-м къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэм «Продукция Кав­каза» («Кавказым щащIащ») сертификатыр къы­хуIахын папщIэ, хьэры­чэтыщIэхэм лъэIу тхылъхэр ягъэхьэзырыну хуит ящIащ. ЩIыналъэм щыщ хьэры­чэтыщIэхэм Iэмал яIэнущ къыщIагъэкIхэр щIыналъэми абы и щIыбми щащэну, ахэр тыкуэнышхуэхэм, жармыкIэ мыхьэнэ зиIэ щапIэхэм къыт­ралъхьэну.

ГЪУЭГУГЪЭЛЪАГЪУЭ ГЪУАЗЭХЭР

ЦIыхум кхъухь иухуэу псым зэрытехьэ лъандэрэ, здэщыIэр кърищIэну вагъуэхэм плъэрт. ИужькIэ, техникэмрэ ухуэныгъэхэмрэ хуэIэрыхуэ хъуа нэужь, хытетхэм я лэжьыгъэ зыгъэпсынщIэ гуэрхэри къагупсысащ. Абыхэм ящыщщ гъуазэхэр (маяк).

НЭХУМ НЭХЪ ПСЫНЩIЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Языныкъуэхэм яцIыхур машинэхэр, кхъухьлъатэхэр, поездхэр щызекIуэкIэ къагъэлъагъуэ псынщIагъэрщ. Ар ирехъу сыхьэтым километри 190-рэ, 300, 800 зыкIухэр арами. ЦIыхум иухуа техникэр къапщтэмэ, нэхъ псынщIэ дыдэу лъатэр Х-15 жыхуаIэ кхъухьлъатэ-тIасхъэщIэхырщ. Абы зы сыхьэтым километр 7273-рэ зэпечыф! Ауэ хьэршым щыIэщ алъандэрэ щIэныгъэлIхэм яджа псоми я щхьэж къакIуэ псынщIагъэ…

Зэпэщу ирихьэлIэжащ

ФокIадэм и 1-м зи бжэхэр цIыкIухэм къыхузэIузыхыжа еджапIэхэм ящыщщ Тырныауз дэт курыт школ №3-р. Мы махуэхэм абы щыIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Ар яхуэзащ школым и унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм. 

Саугъэтыр «Биг Брайт» зыIэрегъэхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэралы­-гъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Налшык и ипподромым шы­гъажэ ще­кIуэ­кIащ. Абы кърихьэлIахэр еплъащ жьы ящIэту, псынщIэу шы къагъэжахэм, ахэр ­текIуэныгъэм ерыщу зэ­ры­щIэбэнам. 

Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ

Тырныауз къалэм мы зэманым щызэрагъэпэщыж республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я нэхъ инхэм халъытэ, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ щэнхабзэмкIэ уардэунэр. «Къуажэ щIыпIэхэм зэпэщу зегъэу­жьын» къэрал программэм ипкъ­ ­иткIэ ягъэзащIэ а лэжьыгъэхэр. ­КъБР-м и Iэтащхьэм и жэрдэмкIэ уардэунэр а программэм хагъэхьауэ щытащ, тырныауздэсхэм абы лъэIукIэ зыкъыхуагъэза нэужь. 

ДЖЫНАСУМ ТЕУХУАУЭ

Джынасур гъущIхэкI хьэлъэщ, дыжьыныфэ-хужьыфэщ. Техникэм, промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм куэду къыщосэбэп. ГъущI лIэужьыгъуэхэм ящыщу джынасумрэ бромымрэ я закъуэщ унэ температурэ щаIыгъым деж ткIуаткIуэ хъур.

МЫРЗЭ РЕЗУАН И КОМАНДЭЩIЭ

МазитI хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ, ди къэралым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къатауэ щытащ Мэзкуу областым и «Химки» командэм хэту 2022 - 2023 гъэхэм Урысей Федерацэм и премьер-лигэм щыджэгуну зызыгъэхьэзыр Мырзэ Резуан Тыркум зыкъыщигъэлъэгъуэну зэрырагъэблэгъар. ЯпэщIыкIэ адыгэ щIалэм къыщIэупщIащ а къэралым и командэ «Сиваспор»-р, иужькIэ япэ лигэм щыджэгу «Генчлербирлиги»-р, нэгъуэщIхэри.

ГЪУАЗЭ ПХУЭХЪУМ КУЭД ЕЛЪЫТАЩ

ЕгъэджакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсым

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ бзэщIэныгъэхэмкIэ и факультетым сыщеджащ. Абы и фIыщIэкIэ, си пщIыхьэпIэм къыхэмыхуа цIыху цIэрыIуэ куэд сцIыхуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке