Статьи на кабардинском языке

Зэкъуэтыныгъэм Iэмал псори къызэIуех

ЩIалэгъуалэм я гуп­сы­сэ­кIэр зыгъэут­хъуэну зи мурадхэм ар яхуэбдэ зэрымы­хъунур, лъэпкърэ динкIэ зэхуэмыдэныгъэр зы цIыхур адрейм мамыру щIыде­мы­кIуэ­кIыфын щхьэусыгъуэу зэрыщымытыр, диныр гъащIэм фIыкIэ хэпщIэн пап­щIэ, унафэ зезыгъа­кIуэ­хэмрэ дин лэжьа­кIуэхэмрэ яхузэфIэкIыр - а Iуэхугъуэ­хэрщ къыщаIэтар КъБКъУ-м къедза «Альтаир» центрым накъыгъэм и 18 - 20-хэм ще­кIуэкIа, «Урысейр псоми

Еджауэ, узыншэу, ГуфIэжу фыпсэухэ!

Ди республикэм и курыт школхэм нобэ щокIуэкI Иужь­рей уэзджынэм и ­ма­хуэшхуэр. Ныбжьы­щIэ­хэм я гуфIэгъуэр даIэт адэ-анэ­хэм, егъэджакIуэхэм, ­КъБР-м и Парламентымрэ Пра­вительствэмрэ я лIы­кIуэ­­хэм, къалэ, къуажэ ад­ми­нистрацэхэм я IэщIа­гъэлI­хэм. Школ линейкэхэм апхуэдэу кърагъэблэгъащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, СВО-м хэтхэр, жы­лагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэр.

Псоми хэлъыпхъэщ дахагъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «ЩIэныпхъэ­хэр зи куэд Iуащхьэмахуэ» япэ ЩIыналъэзэхуаку зэ­хуэ­сышхуэм. ЩIалэгъуалэм я унэу Налшык дэтым ще­кIуэкIа а зэхыхьэм цIыху 700-м щIигъу кърихьэлIащ - дизайнерхэр, сурэтыщIхэр, музыкантхэр, лъэпкъ Iэ­щIа­гъэхэм хуэIэкIуэлъакIуэхэр, шхапIэхэр зыгъэлажьэхэр, блогерхэр, хьэрычэтыщIэхэр, щIыналъэ, къэрал къэп­щытакIуэхэр.

Депутатым и саугъэтым щIобэн

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Джафаров Магомед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм накъыгъэм и I3-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я ещанэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. 

Шэху уэздыгъи 101-рэ - Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъу

Илъэси 162-рэ ипэкIэ адыгэхэр я Хэкум иIэпхъу-кIын хуей хъуами, лIэщIы­гъуэм щIигъукIэ Кавказ ­ з­ауэм уардэу хэта лъэпкъыр абы ­ирищIыкIакъым, гу­гъуехь псори и фэм дигъэ­хуащ. Тхыдэм къызэрыджиIэщи, Тыркум яшэну цIыху минхэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iутт, я къэкIуэнур ямыщIэу. Ауэ ­нэхъ лъапIэ дыдэу абыхэм яIыгъыр сытыт жыпIэмэ, ар я къуажэжь къыщащта щIы IэмыщIэрат… 

Тхыдэм и дерс дыджхэр

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм и лъахэхутэ ­къудамэм щекIуэкIащ «Си щIыналъэм и блэкIар: Кавказ зауэм и тхыдэм щыщ» зэ­IущIэр, адыгэхэм я Щыгъуэ махуэм трау­хуар. Нэхъ пыухыкIауэ жыпIэмэ, зытеп­сэ­лъыхьар лъэпкъыр зыпхыкIа гузэвэгъуэр Кавказым щыщ тхакIуэхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэм къызэрыхэщырщ.

Псэ жыгым деж…

Накъыгъэм и 21-м цIыхухэр Налшык гъущI гъуэгу вокзалым деж къыщежьэри, Лениным и цIэр зезыхьэ уэрамым кърикIуащ, бзылъхугъэхэм гъыбзэхэр жаIэу, цIыхухъухэм уэрэ­дыжь­хэр къыхадзэурэ.

Музейм и тхыдэм зыщагъэгъуазэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ МВД-м и тхыдэ музейм зыща­плъыхьащ Май районым щыщ школакIуэхэм, апхуэдэуи МВД-м и лэжьакIуэхэу нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу Налшык къалэ зыщагъэ­псэхуну къэкIуа­хэм. 

Япэ лъэбакъуэхэр ячащ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым дизайнымкIэ и колледжым «Щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр зэгъэпэщыжын» программэр зыгъэзащIэхэм я къэрал гъэунэхуныгъэхэр иджыблагъэ зэфIэкIащ. Япэ лъэбакъуэхэр зыча ныбжьыщIэхэм зрагъэгъуэта щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ зыхуэдизыр къапщытащ, абы ущыфIэкIыжым, зыпэрыувэну IэнатIэм теухуауэ практикэ лэжьыгъэ зыбжани ягъэзэщIащ.

БлэкIам ухуезыгъэплъэкIыжу нобэм ухэзыгъэплъэж…

Мыдэ-щэ толъкъун щэджащэу адыгэгур, адыгэп­сэр къыщыукъубейрэ, ап­хуэдэ къабзэу, псэхугъуэ зди­гъуэтыж, а щытыкIитIри щыппкърыкI зы щIыпIэ гуэр щыIэххэмэ, апхуэдэщ Али-Бэрдыкъуэ къуажапщэр зи хэщIапIэ, Кавказ зауэжьыр емынэ узрэ мыкIыжын уIэгъэу къызытена лъэпкъым и фэеплъ щIыпIэр.  

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке