|
Статьи на кабардинском языке
18 февраля, 2022 - 06:30
Къэхъуа
Си адэ Хьид мэзкIэ IэкIуэлъакIуэу щытащ. Абы хиха пхъэр, езыр бгъэдэмытми, къацIыхурт, апхуэдэу къабзэт, хэплъыхьа защIэти.
17 февраля, 2022 - 05:37
Мазаем и 22-м, илъэс къэси хуэдэу, Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Шау-Хун къурш щхьэдэхыпIэм цIыхухэр дэкIынущ.
17 февраля, 2022 - 05:37
ЩIагъэтIысам и щхьэусыгъуэр къызыгурыIуэжа, а къуаншагъэр игъэзэкIуэжу гъащIэм хуиту хыхьэжыну, узыншэу псэуну хуей цIыхум сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн щахуохъу Урысей ФСИН-м и къулыкъущIапIэу КъБР-м щыIэм епха къудамэхэм.
17 февраля, 2022 - 05:36
ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и епщыкIузанэ махуэр Урысейм и командэ къыхэхамрэ абы къыдэщIхэмрэ я дежкIэ тыншакъым. Пэжщ, медаль бжыгъэхэм тIукIэ хэхъуащ, ауэ яIэщIэкIа Iэмалымрэ иужькIэ къызыхуэнамрэ зэплъытмэ, къахуихьар гукъеуэу жыпIэ хъунущ.
16 февраля, 2022 - 06:39
Санкт-Петербург дэт 168-нэ школым Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ иджыблагъэ. Урыс литературэмкIэ егъэджакIуэ, усакIуэ Сапрыкинэ Серафимэ хэIущIыIу ищIащ и дерсхэм Хармс Даниил, Ввведенский Александр сымэ я усэхэм сабийхэм къазэрыщыхуеджэм щхьэкIэ зэрыIуагъэкIар.
16 февраля, 2022 - 06:39
Астрономхэм иджыблагъэ хьэршым къыщалъэгъуащ дыщыпсэу ЩIы Хъурейм ирагъэщхь планетэ. Ар, зэрыгурыIуэгъуэщи, ящыщкъым ди Дыгъэм и хъуреягъыр къэзылъэтыхьхэм. Апхуэдэхэм щIэныгъэлIхэр зэреджэр экзопланетэщ («экзо» псалъэр «и щIыбкIэ щыIэ» мыхьэнэр къикIыу пасэрей алыджыбзэм къыхэкIащ).
Тхыдэ мыжыжьэм дриплъэжмэ, экзопланетэ зэрыщыIэм астрофизикхэр япэу щыхьэт щытехъуар 1992 гъэращ.
16 февраля, 2022 - 06:38
Бзылъхугъэ гуэрым и сабийм увыIэгъуэ имыIэу фошыгъу ишхын фIэфIти, хузыхегъэныртэкъым. ИкIэм-икIэжым я къуажэм дэс лIыжь Iущым деж кIуащ, ечэнджэщыну. КъызытекIухьар хуиIуэта нэужь, лIыжьым къыжриIащ етIуанэ махуэм и къуэр здишэу кIуэну. Бзылъхугъэм и къуэр ишащ.
15 февраля, 2022 - 05:49
Урысей Федерацэм и атлетхэм медаль зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэ щызыIэрагъэхьащ Пекин щекIуэкI ЩIымахуэ Олимп джэгухэм и иужьрей махуэхэм.
15 февраля, 2022 - 05:48
Адлер къалэм дэт «Юность» спорт комплексым и щекIуэкIащ дискыр, бжыр, уадэшхуэр дзынымкIэ «Богатырь» урысейпсо зэхьэзэхуэхэр. Абы и саугъэтхэм щIэбэнащ Урысей Федерацэм и щIыналъэ куэдым къикIа зи ныбжьыр илъэс 18, 20, 23-хэм нэблагъэхэмрэ балигъхэмрэ.
15 февраля, 2022 - 05:47
Тэрч щIыналъэ администрацэм иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Дей жылагъуэм дэт олимп резервыр щагъэхьэзыр спорт школым и унафэщI Iэщыж Хьэпагуэ.
Страницы
|