Бахъсэн щIыналъэм щыщ Пыхъхэ я унагъуэр ящыщщ «Анэм и щIыхь» медалыр зыхуагъэфэщахэм

Бахъсэн щIыналъэм Анэм и махуэм и пэ къихуэу щызэхэтащ республикэм и къэрал дамыгъэр - «Анэм и щIыхь» ­медалыр - зыхуагъэфэщахэм еты­жы­ным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр.
Дамыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ Ислъэмей къуажэм щыщ, сабиитхум я анэ Пыхъ Анетэ Хьэбас и пхъум.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэхыхьэ гуапэм ирагъэ­блэгъахэм видеозэпыщIэныгъэ IэмалымкIэ защыхуигъазэм къыхигъэщащ а махуэшхуэм къэралми жылагъуэми я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр: «Анэр лъа­гъуныгъэм, гулъытэмрэ гуапагъэмрэ я дамыгъэщ. Анэ лъагъуныгъэм дэ къару, гушхуэныгъэ къытхелъхьэ, гъащIэм ды-зыщыIууэ гугъуехьхэм дапэлъэщынымкIэ щIэгъэкъуэн къытхуохъу, ехъулIэныгъэхэм дыхуегъэпс. Бын куэд щапI уна­гъуэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ иджырей жылагъуэм и унагъуэ лъапIэныгъэхэр зэ­фIэувэнымкIэ».
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Т. Б., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэ­тащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ М. М., республикэм и ми­нистерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я унафэщIхэр.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. ­пщэ­рылъ къызэрыщищIам ипкъ иткIэ, Бахъ­сэн щIыналъэм и администра­цэм и ­уна­фэщI Балъкъыз Артур Пыхъ А. Хь. ири­тыжащ «Анэм и щIыхь» медалыр икIи абы ехъуэхъуащ зэIузэпэщу псэуну.
Пыхъхэ Анетэ Хьэбас и пхъумрэ Му­хьэмэдин Музариф и къуэмрэ илъэс ­29-рэ хъуауэ зэщхьэгъусэщ. Я пхуитхур абыхэм ягъэсащ лъагъуныгъэ, гуапагъэ, зызэхэ­щIыкIыныгъэ яку дэлъу, нэхъыжьхэм пщIэ хуащIын, зэгурыIуэу псэун зэры­хуейм хуаущийуэ.

ЧЫЛАР Аринэ, Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и прессIуэхущIапIэм и унафэщI.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг