|
Статьи на кабардинском языке
17 ноября, 2020 - 07:11
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ видеоконференц мардэм тету. Абы депутатхэр щедэIуащ кIэрыхубжьэрыхухэм елэжь «Экологистика» щIыналъэ операторым зэфIигъэкIам.
17 ноября, 2020 - 07:06
Налшык къалэм дыгъуасэ лэжьэн щыщIидзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэм къалъыкъуэкI Iуэхухэр зэкIэлъыгъэкIуэным хуэгъэпса центрым. Апхуэдэ центрхэр къэрал псом къыщызэрагъэпэщ, лажьэу щызэтраухуэ Урысейм и Президент Путин Владимир пщэрылъ зэращищIам ипкъ иткIэ.
16 ноября, 2020 - 06:51
ЩэкIуэгъуэм и 6-м Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ «Кавказ зэгурыIуэ» зи цIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхуэс щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим.
16 ноября, 2020 - 06:46
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, «Зыгъэпсэхугъуэ ин» зи фIэщыгъэ урысейпсо зэхьэзэхуэм щытекIуа цIыху 600-м ди щIыналъэм щыщ еджакIуих хиубыдащ: 9-нэ классым щIэс Абазэ Мурат, 11-нэ классым щеджэ Айбаз Феликс, БетIрожь Сабинэ, Кулиевэ Танзиля, Шыкъ Уэзырмэс сымэ.
16 ноября, 2020 - 06:42
Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц мардэм тету щэкIуэгъуэм и 12-м иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
13 ноября, 2020 - 06:58
2012 гъэм премьер-лигэм къыхагъэкIа иужькIэ абы игъэзэжыну иджыри илъэситIкIэ «Спартак-Налшыкыр» ныкъуэкъуащ икIи и хъуэпсапIэм пэгъунэгъу дыдэ хъуат. АрщхьэкIэ къахузэпищакъым. Iуэхур щымыхъум, хамэ щIыпIэхэм кърашахэр зэбгырыкIыжри, ди командэр дыдейхэм къахуэнэжащ. Абы лъандэрэ гъуащхьэтету иIэри Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуахэмрэ щагъэсахэмрэщ.
13 ноября, 2020 - 06:44
Мы гъэм ди къэралым ис лъэпкъ псоми ди зэхуэдэ гуфIэгъуэр - ТекIуэныгъэ иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур - дгъэлъэпIащ. Абы жыджэру зыхуагъэхьэзыращ. ЗэфIагъэкIахэр мащIэкъым - «Полк уахътыншэ» зэщIэхъееныгъэр къызэрагъэпэщащ, «Мемориал» зэгухьэныгъэр мэлажьэ, газетхэм мычэму традзэ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэм ятеухуа тхыгъэхэр, н.къ. Ауэ нэхъыбэж къапэщытщ.
11 ноября, 2020 - 06:49
«Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм Iуэху гуапэ щекIуэкIащ. Абы и хьэщIэщым, КъардэнгъущI Зырамыку и цIэр зезыхьэм, и блыным фIадзащ щIэныгъэлI-IуэрыIуатэдж телъыджэм, тхакIуэм, артистым и сурэт екIу.
11 ноября, 2020 - 06:45
Ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм я тхыдэ
Вэнымрэ жылэ хэпхъэнымрэ
11 ноября, 2020 - 06:39
Иджыблагъэ Наро-Фоминск щекIуэкIа Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым домбеякъ медалыр къыщихьащ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм хэта Урыш Анзор. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ар епщыкIущанэу зэкIэлъхьэужьу (2008 - 2020 гъэхэм) къэралым и бэнакIуэ нэхъыфIищым яхэхуащ. Апхуэдэ иджыри къэс зыхузэфIэкIар Гацалов Хьэжмурат и закъуэщ (2001 - 2013 гъэхэм).
Страницы
|