Статьи на кабардинском языке

Я махуэр ягъэлъапIэу

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Урысейм и Къэ­рал автоинспекцэр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэ зэIущIэ.

СыкъыщыфэкIэ, дуней псор сщогъупщэ

Къэбэрдей-Балъкъэ­рым­рэ Ингуш Республи­кэм­рэ щIыхь зиIэ я артисткэ Архэст Иринэ «Кабардинка» къэфакIуэ ­гу­пым зэ­рыщылажьэрэ илъэс 23-рэ мэхъу. Налшык къалэм дэт Гъуазджэ­хэмкIэ кол­леджри Кавказ Ищхъэ­рэм ГъуазджэхэмкIэ и къэ­рал институтри дип­лом плъыжькIэ къэ­зыуха Ири­нэ и гуращэ нэхъыщ­хьэ ды­дэр арати, и гъащIэр ансамбль цIэрыIуэм ирипхащ.
 

«Кавказым и гуащэ» Дзукаевэ Динарэ

Квказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и хэгъуэгухэм щыщ хъыджэбзхэр я зэфIэкI щеплъыжащ я дахагъэмрэ зэфIэкIхэмрэ щагъэлъагъуэ «Кавказым и гуащэ» цIэ лъапIэр къэхьыным теухуауэ Налшык къалэм и «Сосрыкъуэ» шхапIэм и утым щекIуэкIа фестиваль-зэпеуэм. Зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуащ икIи «Кавказым и гуащэ» щIыхьыцIэр къыщыфIащащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ Беслъэн къалэм щыщ Дзукаевэ Динарэ.

КъБР-м и Iэтащхьэм «Кавказ» къэрал гъуэгум щыщ Iыхьэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щыIащ Р-217 «Кавказ» федеральнэ гъуэгум щыщу зэрагъэпэщыж Iыхьэм деж икIи зригъэлъэгъуащ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIыр.

КIУЭКIУЭ Казбек: «Эфир занщIэр» икъукIэ IэмалыфIщ къэралым и УнафэщIым щIыпIэхэм щыIэ щытыкIэхэр зыхуэдэм щыгъуазэ зищIынымкIэ, Урысей Федерацэм щыпсэухэр зыхэт гугъуехьхэр илъагъунымкIэ»

Мэкъуауэгъуэм и 30-м екIуэкIащ Урысейм и Президент Путин Владимир «эфир занщIэкIэ» цIыхухэм щепсэлъа зэIущIэр. Урысейм и щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэм Iэмал ягъуэтащ зыгъэпIейтей упщIэхэр къэралым и УнафэщIым иратыну, я гуныкъуэгъуэхэмкIэ зыхуагъэзэну. КъызэратамкIэ, Президентым къыхуагъэхьащ упщIэ мелуанитIым щIигъу.

Гъуэгу махуэ, «Адыгэ дуней» лъэпкъ фонд!

«Зыхэдывгъалъхьи щымыIа лIыгъэ, дыкъыщIэвгъэкIхэ зэрамыгугъэу!»
IутIыж Борис.
Налшык дэт Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием щызэхашащ адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэнымкIэ «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым и лъэтеувэ пшы­хьыр. Ар иригъэкIуэкIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и зэхуэсышхуэм зыхуагъэхьэзыр

Бадзэуэгъуэм и 3-м Мейкъуапэ щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм и зи чэзу зэIущIэ.
Абы хэтащ Тырку, Иордание, Сирие къэралы­гъуэхэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Крас­­нодар щIыналъэхэм щыIэ хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

Уэлбанэшхуэм зэтрикъутахэр зэфIагъэувэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIащ муниципаль-нэ зэгухьэныгъэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта зэIущIэ. Абы кърихьэлIащ Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щы­Iэм и унафэщIым и япэ ­къуэдзэ Чёрный Михаил.
Тхьэмахуэ махуэм республикэм щыIа уэлба­нэшхуэм, жьапщэм зэтракъутахэр гъэзэкIуэжыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм щы­хэплъащ зэIущIэм.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм

Урысеймрэ Белоруссиемрэ хыхьэ щIыналъэхэм я Зэхуэсышхуэм ипкъ иткIэ бадзэуэгъуэм и 1-м, видео­конференц IэмалкIэ зэпа­щIэ­ри, зэхэтащ къэралитIым я унафэщIхэр къы­щып­сэлъа кIэух зэIущIэ зыубгъуар. Зэхыхьэр зы­теу­хуауэ щытар дуней псор бжыгъэм тещIыхьа Iуэху къызэгъэпэщыкIэм щы­хуэ­кIуэ мы лъэхъэнэм Урысеймрэ Белоруссиемрэ щIэ­ныгъэ-техникэ IэнатIэм щызэдэлэжьэнырщ.

УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 1-м хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Урысейм и вице-пре­мьер Хуснуллин Марат иригъэ­кIуэкIам.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке