Запасым щыIэ полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт.
КъБР-м ЩIалэгъуалэм дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэ ядегъэкIуэкIынымкIэ и Жылагъуэ советым и унафэщI, МЧС-м и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм хэт, «Союз народовластия и труда» урысейпсо политикэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм дзыхь иригъэзу Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ, полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт нобэми жыджэру мэлажьэ, и къэухьым, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным хущIэкъу зэпыту.
- Мы лъэхъэнэм дзэм щызесхьэ къулыкъур гъэсэныгъэм пыщIащ. Адыгэ лъэпкъым къыхэкIахэм я нэхъыбэр щыпкъагъэм, цIыхугъэм, хабзэм дыщIапIыкIащ. Ауэ, нобэрей ди щIалэгъуалэм ятеухуауэ гукъеуэ гуэрхэр сиIэщ, къищынэмыщIауэ, си лэжьыгъэм ехьэлIауэ, лъэпкъ хьэл-щэн гуэрхэм гу лъыстащи, си гуапэт ар зыхуэгъэзахэм сызэхащIыкIамэ. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм чэзукIэрэ къалэн гуэрхэр я пщэ къыдалъхьэ. Псалъэм папщIэ, кIэртIоф ирагъэукъэбз, хьэкъущыкъу ирагъэтхьэщI е лъэгу ирагъэлъэс. Ди адыгэ щIалэхэм апхуэдэ лэжьыгъэр напэтехыу къалъытэри, псалъэмакъ къаIэт, ауэрэ здекIуэкIым, хьэргъэшыргъи къагъэхъу. Дзэм и хабзэхэм утетыну, къыщыпхуащI унафэхэр бгъэзэщIэну псалъэ щыптакIэ, узэувэлIар Iыгъыж, къыбжаIэр гъэзащIэ. Абы емыкIу хэлъкъым, ар напэтехкъым. Дзэ къулыкъум, цIыхубз лэжьыгъэ, цIыхухъу къалэн жаIэу, зэхэдз щащIыркъым. Абдежым уи щхьэ ухуэIэбэжу ущагъасэу аращ, - къыддогуашэ нэхъыжьыфIыр.
Къуэдзокъуэм зэрыжиIэмкIэ, псори къыщежьэр унагъуэращ, адэ-анэм я дежщ. Сабийр щыцIыкIум пIэщIэкIамэ, къыдэкIуэтея иужькIэ, абы и гъэсэныр нэхъ гугъу мэхъу.
- Абы къыхэкIыуи, щхьэпэт курыт школхэм хабзэм щыхурагъаджэ сыхьэт бжыгъэ хухахамэ, адэ-анэр я быным зэрыкIэлъыплъым арэзы дыкъищIу, хъунри мыхъунри зэхрагъэщIыкIыу къытщIэхъуэ щIэблэр къагъэтэджамэ, щIалэгъуалэм яIэщIэкI мыхъумыщIагъэхэм щытепсэлъыхь, къуаншагъэр укIытэгъуэу щагъэув цIыхубэ зэгухьэныгъэхэр ныбжьыщIэхэм нэхъыбэу ядэлэжьамэ.
Зэманым декIур лIыфIщ
Телъыджэр аращи, зи ныбжьыр илъэс 87-м нэблэгъа Къуэдзокъуэ Жамболэт мы зэманми, дзэм ираджа щIалэгъуалэм я Iуэху зэрихуэу, къэралым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщыщIедз. Ар ди щIалэхэр здэщыIэ гарнизонхэм кIуэурэ, ящыщ гуэрхэр зыхэхуа Iуэху мыщхьэпэхэм зыбжанэрэ къыхишыжыфащ. Зи гугъу ищIым и щыхьэту, Жамболэт дегъэлъагъу Республикэм и дзэ комиссариатым ар здиIуэхуа частхэм я Iэтащхьэхэр къаIущIэну, хуей хъумэ, къадэIэпыкъуну зэрелъэIу псалъэхэр зэрыт гъуэгуанэ тхылъхэр.
- Дзэм къулыкъу щрахьэкIыну ди республикэм ираша ди щIалэхэм ящыщу лъэпэрэпахэр тIэкIу егъэлеярэ ткIииIуэу хабзэм щрашалIэкIэ, абыхэм сакъыщхьэщыжын хьисэпкIэ, щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм нобэр къыздэсми сокIуэ. Апхуэдэу, нэгъабэ сыщыIащ Мурманск областым хыхьэ Североморск къалэм дэт дзэ частхэм ящыщ зым. Абдежым хьэпсым ирадзауэ зи суд ящIэ, ди республикэм щыщ сэлэтиплIым я Iуэху щызесхуащ. Дапхуэдизу а щIыпIэм гугъу сыщемыхьами, ди щIалэхэр хеящIэм къаIэщIэсхыжри, сыкъыщыкIуэжым къыздэсшэжащ. Абы ипэкIэ Будённовск сыщыIащ, ди республикэм щыщ щIали 10-м я Iуэху щызесхуэу. Абыхэм унафэ къыхуащIат дзэм щрахьэкI хабзэ лэжьыгъэм хуэдэ жэщ-махуэм къриубыдэу ягъэзэщIэн хуейуи, абыкIэ зэрымыарэзыр къагъэлъагъуэу, «хьэуэ» къыхагъэкIат. Ди щIалэхэр бэлыхь зэрыхэхуар къыщысщIэм, а щIыпIэм занщIэу сыкIуащ. Арати, хабзэм ткIийуэ ирашэлIэным зы тIэкIу фIэкIа къахуэмынэжауэ, ахэри хеящIэм къаIэщIэсхыжри, зыхэта частым хезгъэгъэхьэжащ, - жеIэ Къуэдзокъуэм.
- Апхуэдэ щIыпIэхэм узыгъакIуэхэм щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу ягъэлъагъуэр сыт, Жамболэт?
- Схуагъэхьэзыр тхылъхэм нэхъыбэу иратхэр ди республикэм щыщ щIалэхэр дзэм къулыкъу щрахьэкI гарнизонхэм зыхуей зэрыщыхуэзэ сытхэм теухуауэ я Iуэху зыIутыр, апхуэдэуи, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа дзэлIхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр зыхуэдэр зрагъэщIэн мурадкIэ сагъакIуэущ. Псалъэм папщIэ, Мурманск областым хыхьэ Североморск къалэм къулыкъу щезыхьэкI ди щIалэхэр трибунал Iуэху зэрыхэхуам теухуауэ тхыгъэ къысIэрыхьащ. Республикэм и дзэ комиссариатым тхылъ схуегъэхьэзырри, а щIыпIэ жыжьэм сожьэ. СыздэкIуам прокурорым зыхузогъазэ: «Сэ республикэм срилIыкIуэщ. Ди щIалэхэм яхуэгъэзауэ къэфIэта уголовнэ Iуэхум теухуауэ лъэбакъуэ фчыху абыкIэ хуит фызыщI тхылъхэр сывгъэлъагъу…» Сытми, ди щIалэхэр зэрагъэкъуаншэмкIэ зэрагъэпэща тхылъхэр нэмыщIысауэ къыщIокI. Мис апхуэдэу дызэныкъуэкъум-дызэдауэурэ, ищхьэкIэ зи гугъу сщIа щIалиплIыр, я къулыкъур зэрырахьэкIын хуей пIалъэр сахэтыху и кIэм нэблэгъати, зыубыдахэм къаIэщIэсхыжри, къыздэсшэжащ, - и гукъэкIыжхэмкIэ къыддогуашэ Къуэдзокъуэр.
Жамболэт куэд щIауэ щIалэгъуалэм жылагъуэ-хэкупсэ лэжьыгъэ зэрадригъэкIуэкIыр, а Iуэхум хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIар, къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэм набдзэгубдзаплъэу зэрыкIэлъыплъыр, социальнэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтыр къалъытэри, абы политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ тхылъхэр зыбжанэрэ къыхуагъэфэщащ.
И зыгъэпсэхукIэри екIущ
- Ди республикэр уи нэгу зыщебгъэужьынкIэ, уи узыншагъэр щебгъэфIэкIуэнкIэ зихуэдэ щымыIэ щIыналъэу къэзылъытэхэр мащIэкъым. Уэ абы дауэ уеплърэ, Жамболэт?
- Уи упщIэм ехьэлIауэ мыр къыхэзгъэщынут. Сэ иджыблагъэ мазэ псокIэ сыщыIащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Эльбрус посёлкэм щиIэ базэм. Абы щылажьэхэм къахуэкIуэхэр яхуэарэзыщ, дахэу къазэрыхущытым, къазэрыхуэсакъым, къазэрелIалIэм къыхэкIыу. ПщафIэхэм ягъэхьэзыр шхыныгъуэхэр Iум иткIухьу гурыхьщ, IэфIщ. Турбазэм и пщIантIэшхуэр ихъуреягъкIэ метритI зи лъагагъ гъущI хъаркIэ къахухьащ. Жыгышхуэхэм я нэхъыбэр уэздыгъейщ. ЩIэщI цIыкIухэр адэкIэ-мыдэкIэ дащIыхьащи, укъыщыувыIэурэ зыщыбгъэпсэхуи, ущызэдэуэршэри мэхъу. КъэжыхьыпIэ папщIэу яукъуэдия, зи кIыхьагъыр километрым щIигъу лъагъуэри и къабзагъэкIи зэIузэпэщ зэращIамкIи, узэхъуэпсэнщ. Абы и Iуфэхэм, сэмэгумкIи ижьымкIи, метр 50 къэс тетIысхьэпIэ зыкъизыххэр Iутщи, хуейм зыщригъэщI мэхъу. Апхуэдэуи, пщIантIэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт бгым и лъабжьэм деж концерт гъэлъэгъуапIэ инышхуэ щытщ. ЩыхьэщIэхэм унафэщIым псыгуэн нэгъунэ къахузэригъэпэщащи, абы хэс бдзэжьейхэр къэзыубыдым ахэр асыхьэтым, зэрыхуейм хуэдэу, хуагъажьэ. Зыщызыгъэпсэхухэм директорыр зэман-зэманкIэрэ яIуощIэ, дунейм къыщекIуэкIхэм яхутопсэлъыхь, хъыбарыщIэхэмкIэ ядогуашэ. ЩIыбым ущыдэткIэ, узэрыщыбауэ жьыр сыт и уасэ? Зы псалъэкIэ къыжысIэнщи, мыбдежым псори зыхуэщIар тэмэму зыщыбгъэпсэхунымрэ уи узыншагъэр щебгъэфIэкIуэнымрэщ. Илъэс къэс мы щIыпIэм мазэ псокIэ сыщоIэри, гу зылъыстар аращи, Iутхэм я лэжьэкIэри, я цIыху бгъэдыхьэкIэри, унэхэм я зехьэкIэри ефIакIуэ зэпытщ. ПщIантIэр зыхъумэхэм дзэ частым къулыкъу щрахьэкIым хуэдэщ. Зы цIыху щымыщу дагъэхьэнукъым. ХьэщIэщ бэлыхь яIэщ, я тепIэнщIэлъынкIи, унэлъащIэкIи, цIыхур нэхъ зыхуэныкъуэхэмкIи къызэгъэпэщауэ.
Ди псалъэмакъым и кIэухыу жысIэнур аращи, сэ ноби сыхьэзырщ лъэпкъым, хабзэм, нэмысым тегузэвыхь дэтхэнэми седэIуэну, акъылэгъуи дэIэпыкъуэгъуи, зэрахуэфащэкIэ, сахуэхъуну, чэнджэщ естыну. Гупсысэ узыншэ зыбгъэдэлъ, ар нахуапIэ сщIарэт жызыIэм зыщIэзгъэкъуэфынущ, и Iуэхур згъэкIуэтэфынущ. Сызипашэ цIыхубэ зэгухьэныгъэм хэщIапIэ иIэщ - Налшык къалэ, Ахъуэхъум и цIэр зезыхьэ уэрам, 137-нэ унэ, 36-нэ пэш, телефоныр - 77-75-30.
- Упсэу, Жамболэт. Уи къару илъу, лъэпкъым жыджэру ухуэлажьэу Тхьэм иджыри куэдрэ уигъэпсэу!