|
Статьи на кабардинском языке
22 апреля, 2020 - 06:42
Гудзакъэ тхэлъу щIыуэпсым дыхущытыным, гулъытэ хэIэтыкIа абы хуэтщIыным теухуауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм «ЩIым и махуэ» фIащащ. Ар, ЮНЕСКО-м и жэрдэмкIэ, ЩIы Хъурейм тес цIыхухэм 1970 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м щегъэжьауэ гъатхэ къэс ягъэлъапIэ.
22 апреля, 2020 - 06:38
Адыгэ бзылъхугъэ гуакIуэ, анэ гумащIэ Мэз Каринэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм политикэмкIэ, спортымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ комиссэм хэтщ. Ар зэфIэкI, къару ин зыбгъэдэлъ, спортымкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрызыгъэхьэ бзылъхугъэщ. Кавказ Ищхъэрэм цIыхубзхэм ящыщу тIэунейрэ Эверест и щыгум дэкIауэ диIэр Каринэ и закъуэщ.
21 апреля, 2020 - 06:57
Куэдрэ къэхъуркъым зы адэ-анэм къалъхуа зэкъуэшхэм ехъулIэныгъэ инхэр спортым щаIэу. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну Джэданэхэ Залымрэ Алимрэ самбэмрэ дзюдомрэ лъэужь дахэ къыщагъэнащ икIи тIури дунейпсо классымкIэ спортым и мастер хъуащ.
21 апреля, 2020 - 06:49
Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я дохутыр зэгухьэныгъэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ.
21 апреля, 2020 - 06:44
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, видеозэпыщIэныгъэм и Iэмалхэр къигъэсэбэпри, КъБР-м и щIыналъэ администрацэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэм я зэIущIэ мэлыжьыхьым и 18-м иригъэкIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
20 апреля, 2020 - 07:30
Республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа IэщIагъэлIхэм ящыщщ УФ-мрэ КъБР-мрэ щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Джырандокъуэ Михаил Хьэмзэт и къуэр. НэхъыжьыфIым, хэкупсэ нэсым и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 80 ирокъу.
20 апреля, 2020 - 07:18
Бахъсэн щIыналъэм и еджапIэхэм екIуалIэ школакIуэхэм ерыскъыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуэнущ. Апхуэдэ унафэ ищIащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и пресс-IэнатIэм.
20 апреля, 2020 - 07:15
Урысей гвардием и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ щылажьэхэмрэ иджыблагъэ щыIащ зауэ щIы-хьым и щIыпIэхэм икIи абдеж щыхэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ. А Iуэхур траухуат совет цIыхубэр Хэку зауэшхуэм зэрыщытекIуэрэ илъэс 75-рэ зэрырикъум.
20 апреля, 2020 - 07:12
Урысейм и Президент Путин Влади-мир мэлыжьыхьым и 15-м видеоконференц IэмалкIэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм хэтхэм щепсэлъылIа зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ коронавирусым щыпэщIэт мы лъэхъэнэм къэралым и щIыналъэхэм я экономикэм, хьэрычэт IэнатIэм защIэгъэкъуэным, цIыхухэм я лэжьапIэхэр яфIэмыкIуэдынымрэ абыхэм я хэхъуэхэр хъума хъунымрэ пыщIа Iуэхухэм хуэфащэ гулъытэ хуэщIыным.
17 апреля, 2020 - 07:00
Урыс пащтыхь гуащэ Марие (Идар Гуащэнэ) и ролыр фильмым щегъэзащIэ
2019 гъэм Урысей телевиденэм и Япэ каналым иригъэкIуэкIа «Макъ» («Голос») зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу ныбжьыщIитI хэтащ: Бэрбэч Аскэррэ Мамрэш Светланэрэ. Нобэ нэхъ гъунэгъуу фэдгъэцIыхуну ди мурадщ япэ увыпIэм нэмыса щхьэкIэ, и IэщIагъэм Iэзагъ къызэрымыкIуэ къыщызыгъэлъагъуэ Мамрэш Светланэ.
Страницы
|