Статьи на кабардинском языке

ГъащIэ купщIафIэ зиIа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд

Производствэм и унэтIыныгъэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм зэман кIыхьым къриубыдэу ехъулIэныгъэфIхэр къы­щы­зыгъэлъэгъуа, КъБР-м мэкъумэ­шымрэ ухуэныгъэмкIэ и IэнатIэ зыбжанэм я Iэтащхьэу илъэс бжыгъэкIэ лэжьа Тхьэгъэпсо Мухьэмэд Хьэмид ­и къуэр псэужамэ, илъэс 70 ирикъунут.

Сыт хуэдэ зауэри щIыуэпсым и бийщ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэ­гъуэ мазэм хъыбар зэбгригъэхауэ щытащ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэмрэ зауэхэмрэ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэ­псым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIыхьэр къэлъытауэ, жыла­гъуэр а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р (International Day for Preventing the Exploitation of the Environm

КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ щэнхабзэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Прави­тельствэм хэтхэм яIущIащ. Абы къри­хьэ­лIащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ М. М., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къу­махуэ М. Л., КъБР-м финансхэмкIэ и ­министр Лисун Е.

Iуэрытхым лъэпкъхэр зэкъуегъэувэ

Илъэс етхуанэ хъуауэ Урысейм щокIуэкI «Этно­графие Iуэрытх ин» щIэныгъэ Iуэхур. Мы гъэм ар онлайн мардэм тету къызэ­рагъэпэщащ, ауэ щIыналъэ къэс хэщIапIэ зырыз яIащ диктант зытхыну ­гукъыдэж зиIэхэр екIуэлIэну. Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым щыпсэухэм Мэлба­хъуэм и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм щэкIуэгъуэм и 3-м диктантыр щатхащ.

КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Налшык псым и Iуфэр зэIузэпэщ зэращIым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм зригъэлъэгъуащ Налшык псым и Iуфэм щыщ Iыхьэр, Осетинскэ уэрамым къыщыщIэдзауэ КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэм нэс къызэщIэзыубыдэр, зэIузэпэщ зэращIыр.

Iуэху щхьэпэ

Мазэм нэблэгъащ Тыркум, Германием, Иорда­нием, Сирием, Израилым, ­Тунисым, Финляндием щы­псэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэмрэ урысыбзэм­рэ щаджу пэIудза курсхэр зэрызэхашэрэ. Ар къызэ­ригъэпэщащ КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм. ЖыIэпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр къызэгъэпэщыныр министерствэм и дежкIэ зэримыщыпэ лэжьыгъэр.

Адыгэшым и Iуэтэжыгъуэ

Нартан щекIуэкIа, шыгъажэ кIыхьымкIэ урысейпсо чемпионатым къекIуэлIа хьэщIэхэм язт Бе­лоруссием щыщ шууей бзылъхугъэ Мороз Алёнэ.

Тхылъхэм я дунейм

«Книжная среда» («Sreda book») - ап­хуэдэцIэ зэрехьэ нобэ фэдгъэ­цIыхуну ди мурад тхылъ тыкуэным. Ар илъэс ныкъуэ хъуауэ егъэлажьэ ­КъБР-м епха инстаграмым пщIэшхуэ щызиIэ блогер КIуэкIуэ Мурат.

ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэхуэсыр махуэку кIуам екIуэкIащ.

Къэрал Советым COVID-19-м земыгъэубгъуным хуэгъэза Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ и лэжьакIуэ гупыр мэлажьэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­хэтащ Къэрал Советым COVID-19-м земыгъэубгъуным хуэгъэза Iуэхухэр къызэгъэпэщынымкIэ и лэжьакIуэ гупым и селектор зэIущIэу Москва ­къалэм и Iэтащхьэ Собянин Сергей иригъэ­кIуэ­кIам.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке