Псыхэмрэ хымрэ зыуцIэпIхэр

ОНФ-м щыщу щIыуэп­сым кIэлъыплъ инспектор­хэм картэ зэхагъэувэ псыхэмрэ хымрэ зыуцIэ­пI­хэр къыщыгъэлъэ­гъуауэ. Мы лэжьыгъэр зэрауб­лэрэ къыщIагъэщащ къа­гъэсэбэпа псы фIейр зэ­рыщытым хуэдабзэу псым щыхэлъадэ щIыпIитху, Мэхъэчкъалэрэ Каспийск­рэ я зэхуакум хиубыдэу. ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэм адэкIи пащэнущ икIи хабзэм ебакъуэхэм я Iуэхур республикэм и прокуратурэм иратынущ.
Абы къыкIэлъыкIуэу я мурадщ псыхэмрэ гуэлхэмрэ я щытыкIэр къапщытэну. Абыхэм ящыщ куэдыр цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я кIэрыхубжьэрыхумкIэ «якудащи», щIыналъэр щощIэ узэфэ хъун псы къабзэм. Да­гъыс­тэн къэрал университетым щIыуэпсымкIэ и институтым и уна­фэщI Гаджиев Алимурад жеIэ псы фIейр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр зэрыма­щIэр, къуажэхэм апхуэдэ зэрыщымыIэххэм къыхэкIыу псы фIейр псыхъуэхэм зэрыдаутIыпщ­хьэр. Абы и зэранкIэ псы­хэр бдзэжьеиншэ хъуащ,­ уз зэрыцIалэхэми щIэх-щIэхыурэ «я щхьэр къаIэт».
Iуэхур здынэсар наIуэу ­къагъэлъагъуэу икIэ­щIы­пIэкIэ щIапхъэр яубзыхун му­рад яIэщ мы лэжьыгъэр зэфIэзыххэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.