Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей печатым и махуэм теухуа и хъуэхъу

ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэтщIхэ!
Урысей печатым и махуэмкIэ сыныво­хъуэхъу!
Махуэшхуэм нобэ зэкъуигъэувэр хъы­барегъащIэ IэнатIэм и къудамэхэу тедзауэ дунейм къытехьэхэм щылажьэхэм, къы­дэзыгъэкIхэм, полиграфием епхахэм я ­закъуэкъым, атIэ медиазэгухьэныгъэм хиу­быдэ псоми ехьэлIащ ар.
Ди жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ прессэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр сыт щыгъуи творческэу я лэжьыгъэм бгъэдохьэ, набдзэгубдзаплъэу щытщ, я Iуэху еплъыкIэ яIэжщ, гумызагъэ­хэщ, я IэщIагъэм хуэпэжщ.
Иджырей зэманым цIыхубэм хъыбар ­зэ­рыIэрагъэхьэ, ар зэрызэIэпах Iэмалхэм захъуэж, ауэ тедзауэ къыдэкIхэм иджыри щIэупщIэшхуэ яIэщ, псынщIэу икIи пэжу къагъэлъагъуэ жылагъуэм и псэукIэр. Фэ фи тхыгъэхэмрэ репортажхэмрэ республикэм щыпсэухэм щIэгъэкъуэн яхуо­хъу къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэр ягъуэ­тынымкIэ.
ФIыщIэ фхузощI хьэлэлу фызэры­ла­жьэм, Iуэхум и хэкIыпIэр къэзыгъэнаIуэ фи псалъэ жанхэм, фхэлъ гумызагъагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ папщIэ. Шэч къытесхьэркъым фи тхыгъэхэр адэкIи куэдым зэрахуэщхьэпэнум, абыхэм щIэуп­щIэ зэраIэнум.
Си гуапэщ фыузыншэну, ехъулIэныгъэхэр фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуэу­нэ­тIауэ фи пщэ къыдэхуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр гъэзэщIэным ехъулIэныгъэщIэ­хэр къыщыфхьыну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.