Къэрал унафэщIхэм я утыку

УФ-м и Конститу­цэм халъхьа зэхъуэ­кIыныгъэхэм ящыщщ Къэрал советыр щI­э­ры­щIэу зэрагъэпсынур. ЗэрыфщIэщи, ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 20 хъуащ, ауэ абы хэтынумкIи и къа­лэну щытынумкIи иджы нэгъуэщI хъуащ.
Къэрал советым и унафэщIыр Пре­зи­дент­ращ. Советым цIыхуи­щэ хэтщ: щIыналъэхэм я унафэщIхэр, Правительствэм, ФедерацэмкIэ Советым, Къэрал Думэм, Профсоюз щхьэ­хуитхэм я федерацэм, нэгъуэщI къэрал IуэхущапIэ инхэм я унафэщIхэр. Советращ къэрал унафэр зы­IэщIэлъ IуэхущIапIэ псоми я лэжьыгъэр зыубзыхунур. Мыбдежращ губернаторхэмрэ щIыпIэ унафэщIхэмрэ я лэжьыгъэр къыщапщытэнури. Ар комис­сэ щхьэхуэм и къа­лэну щытынущ. А комиссэращ зи Iуэхухэр тэмэму кIуатэ щIыналъэхэмрэ муниципалитетхэмрэ нэхъри зэ­рызыщIагъэкъуэнум и унафэр зыщIынур, щIыналъэхэм  я бюд­жетхэр зэгъэзэхуауэ къащтэным зи нэIэ тезыгъэтынур. Къапщ­тэ­мэ, комиссэхэр 18 мэхъу, къэралымрэ абы и цIыхухэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэр зыубзыху Iуэ­ху­хэр ятегуэшауэ.
Мы комиссэхэмрэ ми­нистерствэхэмрэ, пса­­лъэм папщIэ, узын­ша­гъэр хъумэ­ным­кIэ, щэн­хабзэмкIэ, нэгъуэщI­хэм­кIи щыщыIэкIэ, зэран зэ­­хуэмыхъуну пIэрэ, жа­Iэу упщIэ къэзыгъэуви щыIэщ, ауэ къэ­ра­лым, щIыналъэ­хэм я уна­фэщI нэ­хъыщ­хьэхэр зы утыкум щызэпсэлъэну, щызэчэнджэщыну, унафэ къыщащтэ­ну Iэмал зэраIэнум фIы къыпэкIуэну ды­щыгугъынщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.06.2026 - 09:03

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

05.06.2026 - 09:03

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

05.06.2026 - 09:03

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий.

04.06.2026 - 15:02

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ.

04.06.2026 - 09:49

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ.