Статьи на кабардинском языке

ЛIЫГЪЭРЭ ХАБЗЭРЭ ХЭЛЪУ

Адыгэм лей къылъысар имыгъэгъун щхьэкIэ и гъащIэр итыфынут. Ар зэи тхьэусыхакIуэ кIуэнутэкъым, «лей къызихащи, унафэ хуэфщI, суд фщIэ» жиIэу. АтIэ, и псэр пытмэ, къращIар ирищIэжынут. КъауIар лъэрымыхь хъуарэ езым хузэфIэмыкIынуми, лъэпкъым цIыхухъу исмэ, абы лейр игъэгъунутэкъым. Арат судри унафэри. 

УАХЭМ КЪЫЩАЛЪЭГЪУАЩ

Карнеги и цIэр зэрихьэу США-м щыIэ щIэныгъэ институтым и IэщIагъэлIхэу Фенг Фаборэ Батлер Полрэ иджыблагъэ хьэршым къыщахутащ абы къыщызылъэтыхь пкъыгъуэ абрагъуэхэм ящыщу «Нептун щIыIэ» зыфIащамрэ гъащIэ здэщыIэнкIэ хъуну зыхуагъэфащэ планетэу тIурэ. Иужьрейхэр егъэщIылIащ ди Дыгъэм нэхъ къыпэгъунэгъу «плъыжь цIыкIужьей» зыхужаIэ вагъуэ жьэражьэм. 

ОЛИМП ЧЕМПИОНХЭМ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и илъэси 100 махуэшхуэм ирихьэлIэу екIуэкI Iуэхухэм хэтыну щIыналъэм хьэщIэ куэд къыхуоблагъэ.

ФОКIАДЭ ЗЭIУЩIЭХЭР КЪЫЗЭIУАХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъыщхьэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщыкIубгъуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ.

КЪЭРАЛЫГЪУЭМ И КЪЕЖЬАПIЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и махуэгъэпсым Къэралыгъуэм и махуэм увыпIэ щхьэхуэ щеубыд. Ар ягъэлъэпIэн щIадзащ 1921 гъэм фокIадэм и 1-м, ­РСФСР-м и ВЦИК-м и унафэкIэ Къэбэрдей округыр Бгырыс АССР-м къыхагъэкIыжу Къэбэрдей автоном область къыщызэрагъэпэщам щегъэжьауэ. Иужь­кIэ ар Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым хуэкIуэжащ.

ХАДЭХЭКIЫМ ЙОЛЭЖЬ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ди республикэм и консерв предприятэхэр (ахэр 9 мэхъури, 6-м нащэр, 3-м помидорыр ирашалIэ) я гуащIэгъуэу хадэхэкIхэм йолэжь.
Мы зэманым нащэ фIэIуу банкI мелуан 50, томат пIастэу банкI мелуан 20, помидор фIэIуу мелуани 10 къыщIагъэкIыну хунэсащ.

МАЗЭ НЫКЪУЭУ УАФЭМ ЛЪЭIЭС

Куэд итхьэкъуауэ зызыщамыгъэнщI ухуэныгъэхэм ящыщщ   мазэ ныкъуэ теплъэ иIэу Дубай   щащIа унэ телъыджэр. Уафэм щIэуэу къыпщыхъу мазэ ныкъуэм и теплъэр гъэщIэгъуэнщ.  
2014 гъэм Хьэрып къэралыгъуэм ухуэныгъэхэм я проектхэм я зэпеуэм «мазэ ныкъуэр» щытекIуат. ЯпэщIыкIэ ар «Заабиль» жыг хадэм и эмблемэ ящIыну я мурадащ. 

ГЪУДЖЭХЭР

Пасэрейхэм я псэуалъэхэр щаухуэрт тенджызхэм, гуэлхэм, псы ежэххэм пэгъунэгъуу. Арати, псыр цIыхухэм яхуэхъуащ япэ «гъуджэ». Пасэрей цIыхухэм я теплъэр тралъагъуэрт псы щIыфэм. Абы къыхэкIыу, псым удыгъэ гуэрхэр хэту, щэху куэд игъэпщкIуу къалъытэрт. Пасэрей цIыхухэр щыпсэуа бгъуэнщIагъхэм кумб цIыкIухэр зиIэ мывэ мыинхэр къыщагъуэтыжащ.

БЖЬЫХЬЭР КЪЫЩЫДЖЭКIЭ…

Лъэ макъ щабэ бзыщIакIэ бжьыхьэм утыку зыкъещI. Жыгхэр зэм зоIущащэ, зэм къызэдофэ, зэми жьыбгъэр къудамэ шэщIахэмкIэ ялъахъэри, хадэм ирагъэблагъэ, жаIэхэм щIагъэдэIу. Жыгхэм зэдагъэщIагъуэхэр жьыбгъэм иIуэтэжынущ. Зэман кIыхькIэ ишэщIми, жыжьэ нихьэсми, псалъэ лей темыкIуадэу, гухэм зыхащIэу. 

НЭПС

ПщIэжрэ щIымахуэр? ЩIымахуэ нэкIу тхъуэплъыр, укIытэхыр… Ди зэхуэзэр…

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке