Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысей печатым и махуэм теухуа и хъуэхъу

ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэ­жьа­кIуэхэу, ветеранхэу пщIэ зыхуэтщIхэ! Урысей печатым и махуэмкIэ сыныво­хъуэхъу!
Махуэшхуэм нобэ зэкъуигъэувэр хъы­барегъащIэ IэнатIэм и къудамэхэу тедзауэ дунейм къытехьэхэм щылажьэхэм, къы­дэзыгъэкIхэм, полиграфием епхахэм я ­закъуэкъым, атIэ медиазэгухьэныгъэм хиу­быдэ псоми ехьэлIащ ар.
Ди жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ прессэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр сыт щыгъуи творческэу я лэжьыгъэм бгъэдохьэ, набдзэгубдзаплъэу щытщ, я Iуэху еплъыкIэ яIэжщ, гумызагъэ­хэщ, я IэщIагъэм хуэпэжщ.
Иджырей зэманым цIыхубэм хъыбар ­зэ­рыIэрагъэхьэ, ар зэрызэIэпах Iэмалхэм захъуэж, ауэ тедзауэ къыдэкIхэм иджыри щIэупщIэшхуэ яIэщ, псынщIэу икIи пэжу къагъэлъагъуэ жылагъуэм и псэукIэр. Фэ фи тхыгъэхэмрэ репортажхэмрэ республикэм  щыпсэухэм щIэгъэкъуэн яхуо­хъу къэхъукъащIэхэм я пэжыпIэм зыщагъэгъуэзэнымкIэ, зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэр ягъуэ­тынымкIэ.
ФIыщIэ фхузощI хьэлэлу фызэры­ла­жьэм, Iуэхум и хэкIыпIэр къэзыгъэнаIуэ фи псалъэ жанхэм, фхэлъ гумызагъагъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ папщIэ. Шэч къытесхьэркъым фи тхыгъэхэр адэкIи куэдым зэрахуэщхьэпэнум, абыхэм щIэуп­щIэ зэраIэнум.
Си гуапэщ фыузыншэну, ехъулIэныгъэхэр фиIэну, Къэбэрдей-Балъкъэрым ифI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным хуэу­нэ­тIауэ фи пщэ къыдэхуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэр гъэзэщIэным ехъулIэныгъэ­-щIэ­хэр къыщыфхьыну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.

09.05.2024 - 09:03

ШАБЗАУЭХЭМ Я ЗЭФIЭКIЫР

Ростов областым хыхьэ Таганрог къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я шабзауэхэм я чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

09.05.2024 - 09:03

ЗАУЭЛIЫМ ДЕЖ ХЬЭЩIАПIЭ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIынущ.

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.