Iуащхьэмахуэ и зыгъэпсэхупIэхэм зегъэужьыным теухуауэ

КъБР-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысейм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергей.
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбекрэ Назаров Сергейрэ абы щIыгъу хьэ­щIэ­хэмрэ щыIащ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зыгъэпсэхупIэхэм икIи щIыналъэм и турист ухуэныгъэхэр я лэжьыгъэм зэрыхуэщIам зыщагъэгъуэзащ, а Iуэхум зегъэу­жьы­нымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм теп­сэлъыхьащ.
КIапсэ гъуэгукIэ Гарабаши станцым нэс дэкIуеящ, иужькIэ ратракхэм итIыс-хьэ­ри, метр 3912-рэ лъагапIэм щау­хуа «Липрус» хьэ­щIэщым нэс кIуащ. Хьэ­щIэхэм яфIэтелъыджэу Iуащ­хьэмахуэ зыщап­лъы­хьащ.
ЗыгъэпсэхупIэм и зэ-фIэкI­хэм зыщыщагъэ­гъуазэм теп­­сэлъыхьащ «Iуащ­хьэмахуэ» Урысейпсо турист-рекреацэ щIыпIэм зегъэужьыным хуэгъэпса Iуэ­хухэм. Абы хохьэ «Мир» станцым щащIыну кIапсэ гъуэгуитIымрэ лыжэ къе­жэхыпIищымрэ я ухуэныгъэхэр дызэрыт илъэсым къе­гъэжьэныр.
Назаров Сергей жиIащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэп­сэ­ху­пIэм зегъэужьынымкIэ Iэ­ма­лыфI дыдэхэр зэры­щыIэр, ар иужьрей илъэсхэм цIыху куэдым зыщагъэп­сэху щIыпIэ, бгы лыжэ спортым, альпинизмэм дихьэххэм я кIуапIэ зэрыхъуар. Илъэс къэс хохъуэ республикэм туристу къакIуэм я бжыгъэм икIи къыхигъэщащ ар щIыналъэм инвестицэхэр къы­халъ­хьэнымкIэ лъабжьэ хъарзынэу зэрыувынур. А унэ­тIыныгъэм зригъэужьыну и мурадщ УФ-м и Правительс­т­­вэм: «Iуащ­хьэ­махуэ» зыгъэпсэхупIэм илъэс гъунэгъухэм къы­хуаутIыпщынущ федеральнэ бюджетым щыщ сом меларди 7-м ­щIигъу.
Iуащхьэмахуэ лъапэ щрагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь Му­Iэед, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Залиханов Къанщобий, «Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэ-хэр» АО-м и генеральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн, «Iуащхьэмахуэ» зыгъэп­сэ­хупIэ» АО-м и генеральнэ ди­ректор Беккаев Хьисэ.
Налшык къэкIуэжри, КIуэ­кIуэ Казбекрэ Назаров Сергейрэ ирагъэкIуэкIащ щIыналъэм социально-эконо­ми­кэ и лъэныкъуэкIэ зегъэу­жьыным теухуа зэIущIэ.
КIуэкIуэ Казбек къэрал министерствэм къикIахэм фIыщIэ яхуищIащ щIыналъэм и экономикэм гулъытэ къызэрыхуащIым папщIэ. Абы къыхигъэщащ иужь-рей илъэситхум республикэм зыщызыплъыхьыну къа­кIуэхэм я бжыгъэр хуэдитIкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар, къахуеблагъэхэм Iуэхутхьэб­зэу хуащIэми хуэди 2,8-кIэ зэ­рыхэхъуар. А псор къэ­лъытауэ, республикэм къы­пэщытщ илъэс хъурейм ­къриубыдэу цIыхухэм зы­щагъэпсэхуфын хуэдэу лэ­жьыгъэр зэтеухуэныр. Абы ипкъ иткIэ къэув къалэн- хэм я нэхъыщхьэщ инфраструктурэм зегъэу­жьы­нымрэ ­ин­весторхэр къыдэ­хьэх­ы­нымрэ.
Назаров Сергей къыхигъэщащ инфраструктурэм зегъэужьын и лъэныкъуэкIэ республикэм дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ЗэIущIэм хэтхэр нэхъ тегъэ­чы­ныхьауэ къытеувыIащ зыгъэпсэхупIэм псы ешэл­Iэ­ным, къагъэсэбэпар къыIу­шы­ным теухуа проектхэр зэхэлъхьэным, электрокъарукIэ къызэрызэгъэпэщари егъэфIэкIуэн зэрыхуейм. Зы­тепсэлъыхь Iуэхухэм ящы­щу и гугъу ящIащ УФ-м «Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм зегъэу­жьыныр» и къэрал программэр гъэзэщIа зэрыхъум. Абы хыхьэу 2018 - 2020 гъэ­хэм ягъэзэщIащ инвестицэ проектипщI, псори зэхэту сом меларди 3,5-рэ хуэзэу. А программэм зэрыщыубзыхуамкIэ, накъыгъэм ирихьэлIэу лажьэу яутIыпщынущ Къэщкъэтау - Аушы­джэр псы кIуапIэр, мэ­къуауэ­гъуэм и пэ къихуэу яухыну я мурадщ Бахъсэн къалэ округым псы къы­щIэ­шыпIэ щыухуэныр.
Илъэситху гъунэгъум инвестицэ проектхэр щагъэ­зэ­щIэну я мурадщ республикэм и мэкъумэш IэнатIэм, туризмэм, промышленнос­тым. Инвестицэ лэжьыгъэ­хэр нэхъ жыджэру зэрырагъэкIуэкIыр наIуэщ икIи ­абы къыхэкIыу инвестицэ про­ектхэр дэIыгъыныр УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэмрэ ­щIы­налъэ властхэмрэ зэры­зэ­дэ­лэжьэну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу яубзыхуащ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ ­къуэдзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, КъБР-м ку­рорт­хэмрэ туризмэмкIэ и ми­нистр ЩоджэнцIыкIу Мурат, Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим, «Кавказ Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэр» АО-м и генеральнэ директор ТIы­мыжь Хьэсэн, «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэ» АО-м и генеральнэ директор Бек­каев Хьисэ, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм зытепсэлъыхь Iуэхур зэхьэлIа и департаментхэм я унафэщIхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.