Статьи на кабардинском языке

Мазэ ныкъуэ гуэл

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм и пшахъуэщIхэм узытхьэкъу теплъэхэр зиIэ гуэлхэм ущрохьэлIэ. Абыхэм я нэхъыбэр IэрыщIщ, апхуэдэу щытми, пхуэмыIуэтэщIэным хуэдиз зи дахагъ гуэлхэр къэралым зыплъыхьакIуэ кIуэхэм япэу зрагъэлъагъуну зыщIэхъуэпсхэм ящыщщ.

Гъэгъахэм дахэплъэмэ

Налшык и «Горзеленхоз» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм иджы хуэдэ зэманым къалэм и удз гъэгъа гъэкIыпIэхэр япщIэ. Мыгувэу ахэр бжьыхьэ лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ. Ар къэ­мыс щIыкIэ удз гъэкIы­пIэхэр зэщIагъэкъабзэмэ, етIанэгъэ хасэжыну удз жылэхэр нэхъ тыншу къыпыха мэхъу, щIыри бжьыхьэсэм хуагъэхьэзыр.

 

Хэт Мазэм… щыдыгъуэр?!

Дыщысабийм балигъ­хэм къыджаIэрт жэщкIэ ди гъуэ­гугъэлъагъуэ Ма­зэм мэлыхъуэ иту. Ар ди фIэщ хъурт икIи тфIэгуэ­ныхьт: мэл гуартэ ухэтми, уи за­къуэ­къэ? Дыкъы­дэ­кIуэтея иужь, дауи, къыдгурыIуащ ди ЩIы дахащэм и гъусэ пэжым хьэ­уаи псыи (иужь­рейр къыщагъуэта хуэдэу ягъэIуащ, арщхьэкIэ узыгъэунэн хуэ­­диз­къым) зэры­щымы­Iэр, цIыху дэнэ къэна псэ зыIуту зыри зэры­щымып­сэур.

КъэкIуэнур зэлъыта щIалэгъуалэ

Дэтхэнэ къэралми и къэкIуэнур зэры­хъунур куэдкIэ елъытащ абы къихъуэ щIэблэм яхэлъ гъэсэныгъэм, ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къып­хуэгъэшыжынукъым», - жеIэ лъэпкъ ­псалъэжьым. Ар фIыуэ къагурыIуэу, иужь­­рей зэманым ди къэралми респуб-ликэми жыджэру щрагъэкIуэкI къытщIэхъуэ щIэблэр екIуу гъэсэныр зи купщIэ нэхъыщхьэ лэжьыгъэхэр.

«УЭ УПАГЭМЭ, СЭ СЫЕРЫШКЪЭ?!»

1972 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м «Кабардинка»-м и къэфакIуэхэм япэ лъэбакъуэхэр щачат Австралием. Я япэ концертыр щатынур а къэралым и къалэ нэхъ инхэм, нэхъыфIу зызыужьахэм ящыщ Тасманиерт (Лончестон). 

Хэкум игъэгушхуэр хахуэ мэхъу

Адэжьхэм фIыгъуэ ину къытхуагъэна ди Хэку-анэм и лъапIагъыр нэсу къы­щыбгурыIуэр абы, зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми, пэIэщIэ ухъуа нэужьщ. ЩыIэкъым yщaлъхуa Xэкум xуэбгъадэ хъун сыт хуэдэ щIыналъи. Къызэрысщы­хъумкIэ, адыгэхэр абы хуабжьу дыхуэнэхъуеиншэщ, Xэкум худиIэ лъагъуныгъэр, анэдэлъхубзэм хуэдэ дыдэу, къыд­далъхури.

ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым

Метеорологхэм я дуней-псо зэгухьэныгъэм хэIущIыIу зэрищIамкIэ, дызы­хуэкIуэ илъэ­ситхум 2023 - 2027 гъэ­хэм - дунейм и   щы­тыкIэм кIэ­лъыплъын зэ­ры­щIидзэрэ къэ­мы­хъуа­уэ, егъэлеяуэ хуа­бэу щытынущ.

Чехов Антон Нартсанэ зэрыщыIар

Урыс тхакIуэхэм куэд яхэт къыщIэкIынкъым пIалъэ гуэр Кавказым щримы­хьэкIауэ. Дыз­эры­щы­мы­гъуазэм къыхэкIкIэ, иджы­ри къэс абыхэм яхэдбжэу щытакъым Чехов Антон. Къы­зэрыщIэкIымкIэ, драматург цIэрыIуэр мызэ-мы­тIэу Кисловодск (Нартсанэ) щыхьэщIащ. Илъэ­гъуахэр къызэрыщыхъуар и ныбжьэгъухэмрэ Iыхь­лы­хэмрэ яхуигъэхьа тхы­гъэ­хэм къыхощыж. 

НЭХЪРИ ИРАГЪЭФIАКIУЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм ипкъ иткIэ Эльбрус (Iуащхьэмахуэкъуэ) щIыналъэм хыхьэ щIыпIищым гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжынущ.

Адэжь щIыналъэм хуэдэ щыIэкъым

- Адэжь щIыналъэм ди лъэ къызэритхьэжрэ, ди къуэш-шып­хъу­­хэр къызэрытхуэныкъуар зыхыдагъащIэ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу адыгэхэр мащIэщи, зэрыIыгъщ, дэри къытхуэгузавэу зыкъытщIагъакъуэ - ди ныбэр ныкъуэнкIэ, щIыIэм дисынкIэ, дэIэпыкъуэгъуншэу дыкъэнэнкIэ ды­шынэркъым. Ауэ, адэ-анэ псоми хуэдэу, ди сабийхэм я къэ­кIуэнум дыщIэмыгупсысуи хъуркъым, - жеIэ зэкъуэш Мэхъуш­хэм ящыщ Хьэрун. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке