Чехов Антон Нартсанэ зэрыщыIар

Урыс тхакIуэхэм куэд яхэт къыщIэкIынкъым пIалъэ гуэр Кавказым щримы­хьэкIауэ. Дыз­эры­щы­мы­гъуазэм къыхэкIкIэ, иджы­ри къэс абыхэм яхэдбжэу щытакъым Чехов Антон. Къы­зэрыщIэкIымкIэ, драматург цIэрыIуэр мызэ-мы­тIэу Кисловодск (Нартсанэ) щыхьэщIащ. Илъэ­гъуахэр къызэрыщыхъуар и ныбжьэгъухэмрэ Iыхь­лы­хэмрэ яхуигъэхьа тхы­гъэ­хэм къыхощыж. 

Чеховыр япэ дыдэ Кавказым къыщыкIуар 1888 гъэрщ, и ныбжьыр илъэс ­28-рэ фIэкIа мыхъуу. Ба­дзэуэгъуэм и пэм Феодосие къалэм къретхыкI тхакIуэм: «Новый Афони, Сыхъуми, Батуми, Тифлиси, Бакуи сыщыIащ, Бухъэрарэ Персиемрэ сыкIуэну сыхуейт, ауэ ар си натIэм имыту къы­щIэкIри, си шэрхъхэр къес­IуэнтIэкIыжащ». 
Мыбдежым къыжыIапхъэщ прозэм зезыта Чеховым Лермонтовым пщIэш­хуэ хуищIу зэрыщытар. Уса­кIуэм и тхыгъэхэм фIыуэ щыгъуазэти, бгыщхьэм къы­щыхутэху, Чеховым и нэгум Лермонтовым и лIыхъужь­хэр къыщIэувэрт. Iуащхьэмахуэр абы и дежкIэ «нэгум къыпхущIэмыгъэхьэн теплъэгъуэ зыкъизыхщ». Ауэ щIыналъэм и дахапIэу къилъытэр Дзэ-куржы гъуэгурт. 
«Блэм зеIуантIэ, зешантIэ, зефыщIыж», - жеIэри етх Чеховым Тэрчыпсым теу­хуауэ. «ЩIыуэпсыр делэ уищI­рэ уигъэгужьейуэ дахащэщ… псом хуэмыдэу бгыхэр, бгыхэр, кIэ зимыIэ бгыхэр», - дыкъыщоджэ нэгъуэщI тхыгъэм. Григорович Дмитрий хуигъэхьам Чеховым и гур нэхъ тегушхуауэ къыщызэIуех: «Кавказым сы­щыпсэуамэ, сэ таурыхъ фIэкIа стхыну къыщIэкIынтэкъым. Мыр щIыпIэ телъыджэщ!» 
 ГушыIэшхуэ зыхэлъа Чеховым «Осколки» журналым и редактор Лейкин Николай мы псалъэхэр хуе­гъэхь: «Кавказыр уэ плъэ­гъуащ. Си гугъэмкIэ, Дзэ­-куржы гъуэгуми ури­кIуащ. ЗыгуэркIэ уримыкIуа­мэ, уи щхьэгъусэри, уи ­бын­хэри, уи журналри ­зы­гуэ­рым къыхуэгъани, ­гъуэгу теувэ, сыту жыпIэмэ, ап­хуэ­дэ телъыджэ зыщIы­пIи щып­лъагъу­нукъым. Мыр зэрыщыту усыгъэщ! Гъуэгукъым мыбы узэре­джэнур, Лермонтовым и Демон Тамарэ итхьэкъуам зэхилъхьа хъыбар гъэщIэгъуэнщ». 
Чеховыр сыт хуэдэ зэмани и тхыбзэм зригъэу­жьы­ным елIалIэрт. Лермонтовым хуэ­дэу тхэкIэкIэ игу зыгъэзагъэ урыс тхакIуэ зэрыщы­мы­Iэм и щхьэусыгъуэкIэ, игукIэ Кавказым хуеIэу псэуа къы­щIэкIынти, Плещеевым хуитхахэми ар къыщыхегъэщ: «ЩIы­уэп­сым уеплъурэ уи жьэр бущIыну ухуеймэ, Кавказым кIуэ. Нартсанэ хуэдэ зыгъэпсэхупIэхэм блэкIи, Дзэ-куржы гъуэгумкIэ, Тиф­лис лъэныкъуэкIэ унэтI, абы икIи – Боржом, Боржом икIи - Батум кIуэ». 
Лермонтовыр зрикIуа щIым теувэн гуращэр Чеховым щызригъэхъулIэфар 1896 гъэрщ. ШыщхьэуIум и 24-м тхакIуэр Кисловодск макIуэри, «Нарзан» цIэр зезыхьэ, нэхъыфI дыдэу къалъытэ, Зипаловым и хьэщIэщым къыщоувыIэ. 
Зыхуэза, зэпсэлъа, зэгуп­сыса куэдым я гугъу щещIыж Чеховым къигъэна тхы­гъэ­хэм. Зэман мымащIэ абы щигъэкIуащ зы­гъэпсэ­хупIэм хэт библиотекэм, абы аргуэру Лер­мон­тов и тхыгъэхэр щы­щIиджыкIыжащ. Уеблэмэ зэ­ры­дохутырыр къы­зыхуэ­сэбэпа цIыхугъэ­хэри щи­Iащ. 
БырмамытI Iуащхьэм нэху къызэрыщекIам, барон Штейн­гель и гъусэу абы и Iэгъуэблагъэм зэ­рыщыщэкIуам топсэ­­лъы­хьыж Чеховыр. Iуащхьэмахуэм и уэс тепхъуэр ап­хуэдэу гъунэгъуу зэри­лъэгъуари гукъинэж щы­хъуахэм ящыщщ. 
Чеховым и тхыгъэхэм еджа­хэм «ХьэмаскIэ зы­щIы­гъу цIыхубз» Iуэтэжыр ямы­щIэнкIэ Iэмал иIэкъым. Зэ­ры­хуагъэ­фа­щэм­кIэ, Кисловодск кIуэуэ къэ­кIуэжа нэужь, илъэсищ хуэдиз дэ­кIауэщ ар тха­кIуэм и Iэдакъэм къыщы­щIэкIар. Минводхэм дэт, Урысейм нэхъыфIу къыщалъытэ театрхэм язми щыIащ. 
Гулъытэншэу къытхуэ­гъэ­нэнукъым Чеховым нар­зан псы хущхъуэр къы­зэрыщыхъуари: «Нарза­ным зримыгъэхъуапсэу зы­ри хуиту блигъэкIыркъым. Дэтхэнэ цIы­хум дежкIи ар малъхъэдисым хуэдэщ. Псыр ­толъкъун-толъкъуну къэ­кIуа­тэурэ, псынэм и джабэхэм зэрызыщиуб­гъур уи нэкIэ уолъагъу. Псэхугъуэ зэзы­мы­тыж а псым и псэукIэ къарум уимытхьэкъункIэ Iэмал иIэкъым. НэгъуэщI зыри сы­мыщIэу, абы си нэр тедияуэ сыпсэунт. Псым дэп­лъагъу­ къару лъэщым укIэ­лъыплъынкIэ зы­щыб­гъэ­н­­щIыркъым». 
Чеховым гъэщIэгъуэн щыхъуат Минводы къалэм езым и пьесэхэм ящыщ гуэрхэр зэрыщагъэувар, и лэ­жьыгъэхэр апхуэдэ щIы­пIэ жыжьэм зэрынэсам игу хигъахъуэу. «Дауэ къып­щыхъурэ, си «Мыщэр» Ставрополь къыщагъэлъэгъуащ», - хуитхырт абы и ныбжьэгъу­хэм я зым. 
Урыс тхакIуэшхуэм и гугъу­ тщIауэ, дауэ абы и сатыр шэрыуэхэм ящыщ къэд­мыхьынрэ? Дигу къэдвгъэгъэкIыжыт, псалъэм и хьэ­тыркIэ, Чеховыр «Тхэн щIэ­зыдзагъащIэхэм папщIэ чэн­джэщ» тхыгъэм зэры­щы­гу­шыIар: «Уи гур утIыпщауэ, зыгуэр уи нэгум къы­щыщIэбгъэхьэкIэ, уи Iэм хуэсакъ. Сатыр бжыгъэм ухуэмыпабгъэ. Нэхъ кIэщIу икIи нэхъ зэзэмызэрэ утхэху, нэхъыбэ къыпхутрадзэнущ. КIэщIагъым Iуэхур зэIигъэхьэххэркъым». 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.

28.04.2024 - 09:03

ПЭРЫТ УВЫПIЭР АДЭКIИ ИIЫГЪЫНУЩ

Налшык къалэ и Музыкэ театрым щекIуэкIащ «ФIагъым и лъагапIэ-2024» фIэ­­щыгъэр зиIэ Япэ Кавказ-Ищхъэрэ конференц.

28.04.2024 - 09:03

ИНТЕРНЕТ ХАБЗЭНШАГЪЭМ ЗЭГЪУСЭУ ПЭЩIОУВЭ

Каменномост (Къармэхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №2-м щекIуэкIащ сабийхэр щIэпхъаджащIэхэм ящыхъумэнымрэ интернет напэкIуэцIхэм гъэпцIагъэкIэ хабзэм къе­мызэгъ щрагъэлэжьыным пэщIэтынымрэ ятеухуа зэIущ

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.