Дэтхэнэ къэралми и къэкIуэнур зэрыхъунур куэдкIэ елъытащ абы къихъуэ щIэблэм яхэлъ гъэсэныгъэм, ябгъэдэлъ зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ. «Чы щIыкIэ къыумыгъэшар бжэгъу хъуа нэужь къыпхуэгъэшыжынукъым», - жеIэ лъэпкъ псалъэжьым. Ар фIыуэ къагурыIуэу, иужьрей зэманым ди къэралми респуб-ликэми жыджэру щрагъэкIуэкI къытщIэхъуэ щIэблэр екIуу гъэсэныр зи купщIэ нэхъыщхьэ лэжьыгъэхэр. Апхуэдэу, иджыблагъэ Налшык щызэхашащ КъБР-м ис щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным теухуа зэхуэсышхуэ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м егъэджэны-гъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, республикэм щылажьэ щIалэгъуалэ, ветеран, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Ар къызэIузыха КIурашын Анзор къызэхуэсахэм сэлам гуапэ яриха нэужь, къытеувыIащ «стIол хъурей» щIыкIэу къызэрагъэпэща зэхуэсым зи гугъу щащIыну Iуэхугъуэр - щIэблэр хэкупсэу, къэралым, щалъхуа щIыналъэм я къыщ-хьэщыжакIуэ нэсу гъэсэныр - дапщэщи, атIэми псом хуэмыдэу дызэрыт лъэхъэнэм, мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу зэрыщытым. «Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ, щIалэгъуалэм зи лэжьыгъэкIэ, къалэнкIэ епха дэтхэнэ цIыхуми зыхищIэн хуейщ псэкупсэ, дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэм къэралым и дежкIэ иIэ мыхьэнэр зэрыабрагъуэр, - къыхигъэщащ министрым. - Зи анэр, щалъхуа щIыналъэр фIыуэ зылъагъуращ унагъуэми къэралми я тегъэщIапIэу, Хэкум дзыхь зригъэз хъун цIыху пэжу къэтэджынур».
Абы и псалъэм пищэу, зэхуэсым кърихьэлIахэм захуигъэзащ Езауэ Анзор. «Нобэ дызытепсэлъыхь Iуэхур ди республикэм къихъуэ щIалэгъуалэм я дуней еплъыкIэм, абыхэм хэкум и зыужьыныгъэм ехьэлIауэ гупсысэрэ мураду яIэхэм ятещIыхьащ. Апхуэдэу щыхъукIэ, дэ къыдоIэт ди республикэм, къэралым я къэкIуэнум епха Iуэхугъуэ ин, сыту жыпIэмэ, нобэ ди нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэмрэ зи щIалэгъуэхэмрэщ пщэ- дей къэралым и Iуэху дэзыгъэкIынур, абы и ухуакIуэ нэсу щытынур, - къыхигъэбелджылыкIащ министрым и псалъэм. - Iуэхум къыхэлъытэн хуейщ мы лъэхъэнэм дуней псор зэрыт геополитикэ щытыкIэ къызэрымыкIуэр. Абы елъытауэ ди лэжьыгъэр дубзы-хун хуейщ щIэблэм ядэлажьэ, яхэт дэтхэнэ къулыкъущIэми жылагъуэ лэжьакIуэми».
КъулыкъущIэ лъагэхэм жаIахэр къызэпкърахыу, абыхэм къыдыщIагъуу зэIущIэм къыщыпсэлъащ Афган зауэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ я ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ зэгухьэныгъэм (СВАЛВВК), апхуэдэу Зауэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхахэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм (ВоИн), республикэм щылажьэ щIалэгъуалэ, ветеран жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм зыжьэу жаIащ ди къэралым гъунэгъу щIыналъэм щригъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам и лъэхъэнэм щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ ялэжь Iуэхугъуэхэм нэхъри зегъэужьын, щIэгъэхуэбжьэн зэрыхуейр. Къэралым и къэкIуэнум дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а лэжьыгъэр зэдэууэ, зэпыщIауэ, зэдэIэпыкъужу, лъэныкъуэ куэд къызэщIиубыдэу зэрегъэкIуэкIыпхъэри къыхагъэщащ.
Апхуэдэ лэжьыгъэхэмкIэ зэрыщIэу зэрыщытынум и джэлэсу, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэмрэ Афган зауэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэувэныгъэхэмрэ я ветеранхэм я Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Абы епха дэфтэрхэми Iэ щIадзащ а IэнатIэхэм я пашэхэм.
Зэхуэсым и кIэухыу, дамыгъэ лъапIэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ республикэм щыIэ ветеран, щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм жыджэру хэтхэм. Ахэр къабгъэдэкIащ Афган зауэм и ветеранхэм я урысейпсо союзымрэ Зауэм ныкъуэдыкъуагъэ къыхэзыхахэм я къэралпсо зэгухьэныгъэмрэ. Зэхуэсым хэтахэм иужькIэ фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
ТАМБИЙ Линэ.