|
Статьи на кабардинском языке
25 июля, 2023 - 06:50
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, хабзэ зэрыхъуауэ, бадзэуэгъуэм и 22-м Налшык къалэ администрацэм и гупэм къит абы и фэеплъым и деж пэкIу щекIуэкIащ.
25 июля, 2023 - 06:47
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай иригъэкIуэкIащ 2023 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэр къыщызэщIакъуэжа зэIущIэ. Абы хэтащ республикэ прокурорым и къуэдзэхэр, прокуратурэм и аппаратым и IэнатIэхэм я унафэщIхэр, къалэхэмрэ районхэмрэ я прокурорхэр.
25 июля, 2023 - 06:03
Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэс студентхэмрэ щIалэгъуалэ жэрдэмщIакIуэхэмрэ папщIэ кейс-зэIущIэшхуэ иджыблагъэ Архъыз къалэм щекIуэкIащ.
25 июля, 2023 - 06:03
Псыежэххэм хэс бдзэжьейм и бжыгъэр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымрэ йолэжь «РусГидро» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэр. Абы и IэщIагъэлIхэм иджы ещанэу Шэрэджыпс хаутIыпщхьащ каспий аргъей бдзэжьей лIэужьыгъуэм щыщу мини 170-м нэблагъэ.
24 июля, 2023 - 13:29
Зэрышэхэм Iэлъын зыIэратIэгъэн хабзэр илъэс мин бжыгъэ хъуауэ щыIэщ. Дэнэ атIэ а хабзэр къыздикIар, унагъуэ зэрыхъуам нэщэнэ хуащI Iэлъыныр хэт къэзыгупсысар? Ар Пасэрей Мысырым къикIа хабзэщ. Мысырхэм щапхъэ трахащ пасэрей алыджхэмрэ урымхэмрэ. Iэлъыныр Европэми щызэщIэлъэIэсащ. Курыт лIэщIыгъуэхэм Iэлъыным и хабзэм и мыхьэнэр къызэпкърахыну и ужь ихьащ, абы и къежьэкIар зыджхэм.
24 июля, 2023 - 12:02
Мы махуэхэм Берлин и метро станцым щагъэлъагъуэ ди хэкуэгъу художник Хьэжу Мурат и «Джоанна Стингрей говорит...» гъэлъэгъуэныгъэр.
24 июля, 2023 - 06:15
УФ-м и Къэрал Думэм мэкъуауэгъуэм и 18-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ япэ гупым хыхьэ ныкъуэдыкъуэхэу гъуэгупщIэр зэратам щыхьэт щыхьэт техъуэ билет зымыIыгъхэр транспортым залымыгъэкIэ кърагъэкIыну хуит зымыщI унафэ.
24 июля, 2023 - 06:14
Ди гуапэ зэрыхъущи, Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр мы гъэм зытахэм куэду къахэкIащ къэпщытэныгъэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэр. ЖыпIэнурамэ, гъащIэм и зы Iыхьэу щыт школ илъэсхэр апхуэдэ ехъулIэныгъэ лъагэкIэ къепхьэлIэныр ар щIэныгъэ нэхум и лъэмыж быдэ къэкIуэнум хуэзыщI, уи пщIэри уи нэмысри жылагъуэм щызыIэт Iуэхугъуэщ.
24 июля, 2023 - 06:13
Муниципальнэ сыхьэт зэIущIэм и жыпхъэм иту, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыпIэ администрацэхэм, щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я унафэщIхэм яIущIащ.
Страницы
|