Гъэгъахэм дахэплъэмэНалшык и «Горзеленхоз» IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм иджы хуэдэ зэманым къалэм и удз гъэгъа гъэкIыпIэхэр япщIэ. Мыгувэу ахэр бжьыхьэ лэжьыгъэхэм пэрыхьэнущ. Ар къэмыс щIыкIэ удз гъэкIыпIэхэр зэщIагъэкъабзэмэ, етIанэгъэ хасэжыну удз жылэхэр нэхъ тыншу къыпыха мэхъу, щIыри бжьыхьэсэм хуагъэхьэзыр.
Гъэмахуэм и кIэм ирихьэлIэу гъуэла гъэгъа лIэужьыгъуэхэр щIыпIэ куэдым къыщрачыжащ. Апхуэдэщ къэрабэ гъуэжьхэр, розэ пасэхэр, н. къ. Иужьрейхэр илъэс зыбжанэ ипэкIэщ къыщытхуахьар. Ахэр уардэщ, дахэщ, ауэ игъащIэ лъандэрэ Урысейм и щIыналъэхэм къадекIуэкIа розэхэм ялъэщIыхьэнукъым я бэшэчагъкIэ. Розэ лIэужьыгъуэщIэхэм уащрохьэлIэ къалэм и къулыкъущIапIэхэм, тыкуэнхэм я бжэIупэхэм. ШыщхьэуIум икухэм щегъэжьауэ абыхэм я нэхъыбэм я пщIащэхэр мэгъуалэ, я гъэгъахэми, япэрей дахагъэр ябгъэдэмылъыжу, фае мэхъу. Псом нэхърэ нэхъ узыхуэмейращи, бадзапцIэ цIыкIунитIэ, иджыпсту дэни щахуэмыгъэкIуэдым, я тIысыпIэ мэхъу, ди щIыналъэм и удзхэм зэращымыщыр нэрылъагъуу. Ди щIыналъэм и розэхэр хэIэтыкIатэкъым, плъыфэ куэди хъуртэкъым (тхьэмбылыфэ, хужь, плъыжь-фIыцIафэ), иджы дызрихьэлIэ лIэужьыгъуэщIэхэм хуэдэу нэр щызысыкI гъуэжьычи гъуэплъи яхэтакъым. ИтIанэ, ахэр гъагъэрт, япэ уэсыр къытрилъхьэу, уеблэмэ щIы щхьэфэр тещтыкIыху. - Гуапэкъым апхуэдэ гъэгъа жылэхэр мыдрейхэм хагъэзэрыхьыж зэрыхъуар, - жаIэ куэд щIауэ гъэгъахэм яхэт ныбжь зиIэ лэжьакIуэхэми. Пасэрей розэхэр нобэ дахащэу щагъэкI ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм, ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ щыIэ ихьэпIэм хуэзэу кIуэцIрыкIыу итщ ахэр, япэрей къалэ паркыр уи нэгу зэуэ къыщIагъэхьэу. Къалэкум узыщрихьэлIэ языныкъуэ удз гъэгъа гъэкIыпIэхэм гъэгъагъэшхуэ (георгинэ) зэмыфэгъухэр итщ. Ахэр япщIащ, зэкъуачащ, хэгъукIахэр къыпачащ, ар зыпщIэхэм зэрыжаIамкIэ, уэс къесыху абыхэм еIусэнукъым, сыт хуэдэ дуней щытыкIэми хъарзынэу зэрезэгъым къыхэкIыу. Ахэр зэ еплъыгъуэкIэ «веселая семейка» гъэгъахэм ибогъэщхь, арщхьэкIэ лъахъшэрыкI ящIа гъэгъагъэшхуэу аращ - Iуву къекIуэкI къапщIийхэмкIэ къыбощIэ. Мыдахэу пхужыIэнкъым ахэри, пасэ зэманым щыIахэм йомыгъапщэмэ: лъэдийупцI хъужауэ абыхэмкIэ ягъэдахэу щытащ къуажэдэсхэм я пщIантIэхэр, хадэ цIыкIухэр. Гъэгъагъэшхуэ лъахъшэрыкIхэм иджы яхэтщ удз дэжейм и теплъэр зыгъуэтахэр. Абыхэм, дадза нэужь, ягъуэта лъэдий лантIэ къарууншэхэр зэуэ щIощIэ, щIым хохуэжри, зи щхьэр къыхэзыIэтыкIыжыфхэр къэгъагъэу аращ, дунейр щыуэлбанэрилэм, щхьэ къищIахэм ящыщ куэд щIым хофыхь. Илъэс ипэкIэ ахэр итащ къалэ паркым и клумбэхэм ящыщ зым, ауэ иужькIэ хасэжакъым, пщIэгъуей зэрыхъум къыхэкIыу. ЖыпIэнурамэ, ахэр паркхэм къезэгъ гъэгъауэ щыткъым, къахуигъэщIа теплъэр яIэу унагъуэ пщIантIэхэр ягъэдэхэн хуейуэ арагъэнт. ТIум щыгъуэми, гъэгъа мыдахэ щыIэкъым, я дэтхэнэми нэр ягъэгуфIэ, ди паркхэр, лъэс зекIуапIэхэр ягъэщIэращIэ. Фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжэIупэхэми ущрохьэлIэ нэхъапэм дымылъэгъуа гъэгъа лIэужьыгъуэщIэхэм: лимон Iэл, алое лIэужьыгъуэхэм, унэ къэкIыгъэу зэгуэр щыта тхьэмпэ къуэлэнхэм, нэгъуэщIхэми. Абыхэм иджыблагъэ къахэхутащ унэм щIамыгъэкIыу щыта гъурмыж (герань) плъыжьыбзэхэр. Ахэри къагъэкIа лIэужьыгъуэщIэщ - теплъэр къэна щхьэкIэ, гъэгъам къыдекIуэкIа мэ гуакIуэр щыуркъым, езыхэри, къыпхуэмыцIыхужыным хуэдизу, инхэщ. Гъэгъарэ пэт ядыдолъагъу, щIыуэпсым езым ихъумэм селекционерхэр хэIэбэкIи, ахэр нэхъыфIи нэхъ дахи зэрахуэмыщIынур.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|