Мазэ ныкъуэ гуэл

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм и пшахъуэщIхэм узытхьэкъу теплъэхэр зиIэ гуэлхэм ущрохьэлIэ. Абыхэм я нэхъыбэр IэрыщIщ, апхуэдэу щытми, пхуэмыIуэтэщIэным хуэдиз зи дахагъ гуэлхэр къэралым зыплъыхьакIуэ кIуэхэм япэу зрагъэлъагъуну зыщIэхъуэпсхэм ящыщщ.

Дубай пшахъуэщIым ику дыдэм хуозэ мазэ ныкъуэ ­теплъэ зиIэ гуэлыр. Абы и щIыналъэм зы километр зэб­гъузэнатIэ къызэщIеубыдэ, щIыпIэр нэхъыбэу зи хэщIапIэр бзухэмрэ псэущхьэхэмрэщ.

Псом хуэмыдэу мыбдеж зыщагъэпсэхуну яфIэфIщ щIыналъэм щыпсэухэу машинэкIэ пшахъуэщIым къы­щыкIухьыным дихьэххэм, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ щIыпIэр тыншу икIи хуиту зырызыбгъэпсэхуным хуэщIащ.

Мазэ ныкъуэ гуэлым и дахагъ псор щызыхэпщIэр уафэгум лъагэу уиту укъеплъыхмэщ. Апхуэдэ Iэмали яIэщ зыплъыхьакIуэхэм - хьэуам къызэрыщалъэтыхь шархэмкIэ уэгум урахьэнурэ гуэлым укъыхагъэплъэнущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХУЭПАБГЪЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.

10.05.2024 - 09:03

ЗИ ПIАЛЪЭР ИКIАХЭР КЪУАЩЭНУКЪЫМ

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым.

10.05.2024 - 09:03

ТАЙ БОКСЫМ ДИХЬЭХХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.