|
Статьи на кабардинском языке
19 марта, 2024 - 06:17
Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алий адыгэм и щэнхабзэр, и тхыдэр хъумэным ехьэлIауэ тхылъ зыбжанэ къыдигъэкIащ. Абыхэм ящыщщ «Адэжь хъыбархэр» жыхуиIэу 2014 гъэм дунейм къытригъэхьари.
19 марта, 2024 - 06:16
Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Тэрч щIыналъэм щыщ Дей, Акъбащ Ипщэ, Терекскэ жылэхэр зэпызыщIэ автомобиль гъуэгур мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Ар хагъэхьащ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм.
19 марта, 2024 - 06:16
Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Хабаров Николайрэ Налшык гарнизоным и дзэ прокурор Васильцов Александррэ дзэ Iуэху хэхам хэтхэр дэIыгъынымкIэ «Хэкум и ХъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэм и IуэхущIапIэу республикэм и щыхьэрым щыIэм 2024 гъэм гъатхэпэм и 13-м щрагъэблэгъащ дзэ Iуэху хэхам хэтахэр, военнэ къулыкъум къыхагъэкIыжахэр, СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм щыщхэр.
18 марта, 2024 - 11:28
Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 200-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18 хъууэ, гупибгъуу гуэшауэ щытащ.
18 марта, 2024 - 11:27
2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ. Дызэрыт илъэсым къриубыдэу абыхэм хэхъуэу яIэр сом мелуан 945,1-рэ хъуащ, е проценти 135,4-кIэ нэхъыбэщ 2023 гъэм елъытауэ. Апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ зэбгригъэхащ Урысейм СтатистикэмкIэ и къэрал управленэм.
18 марта, 2024 - 05:59
Гъатхэпэм и 3-м Новгород Ищхъэрэм щызэхуащIыжащ 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм папщIэ «Футбол цIыкIур - школым» урысейпсо Iуэхум и кIэух Iыхьэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу а зэхьэзэхуэм хэтащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №33-м и гупыр, Бэлэтокъуэ Астемыррэ Атэлыкъ Азрэтрэ я гъэсэнхэр.
18 марта, 2024 - 05:58
Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ. Ди щIыналъэм и унафэщIым къулыкъущIэр щигъэгъуэзащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм.
18 марта, 2024 - 05:58
Налшык дэт Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ музейм Нарткъалэ щыщ сурэтыщI Чернощёковэ Ольгэ и IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ. Ар IэщIагъэм зэрыхэтрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуащ.
18 марта, 2024 - 05:57
ЦIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Дети гор» («Куршхэм я бын») сабий ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 40 ирикъуащ.
17 марта, 2024 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм щIым халъхьэ щIыгъэпшэрхэм я куэдагъым илъэс къэс къыхагъахъуэ зэпытщ. Нэгъабэ гектар къэс хуэзэу килограмми 155,42-рэ хъуащ, 2022 гъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ ар.
Республикэр абыкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIитхум хохьэ икIи щIым халъхьэ щIыгъэпшэрым и куэдагъымкIэ урысейм ику иту щыщыIэ бжыгъэхэм хуэдитIкIэ щхьэщокI.
Страницы
|