НОБЭРЕЙ ТОМИРИС

2023 гъэм щэкIуэкIуэ мазэм къэмыувыIэу сыхьэти 8-кIэ зи щхьэгъусэр зубэрэжьурэ зыIэщIэукIа,  Къэзахъстан Республикэм Лъэпкъ экономикэмкIэ и министру щыта Бишимбаев Куандык и судыр ящIэ мы махуэхэм. Дуней псом бзылъхугъэу тетым афIэкIа Iуэху ямыIэжым хуэдэу кIэлъоплъ а судым. Дауи! ПцIы, Iулъхьэ, благъэ жыпIэми, Iэмалу щыIэр къигъэсэбэпу жэуапым IэщIэкIыну мурад зыщIа къулыкъущIэр «пщэфэцкIэ» яфIиубыдащ, хеящIэми ткIийуэ пэщIэуващ зэ IуплъэгъуэкIэ къызэрыгуэкI бзылъхугъэ цIыкIуу, IэмащIэлъэмащIэу узыIуплъэ прокурор Аймагановэ Айжан.

ЩIы хъурейм сыт хуэдиз къэралыгъуэрэ щIыналъэрэ темытами, дэкъузэныгъэ яшэчу, я гъащIэрэ псалъэрэ хуимытыжу абыхэм щыпсэу бзылъхугъэ мин бжыгъэхэм я гум гугъэ нэхур щыблэжащ, Аймагановэ Айжан системэм щыпэщIэувэм. Дунейпсо бэджыхъым и фIыгъэкIэ (зыфI пылъу къигъэщIамэ, мыр етIаунэ хъунщ!) удын щэхурэ гуныкъуэгъуэрэ зыгъэв бзылъхугъэхэр зригъэубыдащ  прокурорым къылъыкъуэкIа лIыгъэмрэ хъыжьагъэмрэ. Езы Къэзахъстаным щыпсэухэм Айжан къыфIащащ къэзахъхэр къызытекIауэ жыхуаIэ пасэрей массагетхэм я пащтыхь гуащэу, лъэпкъыр къэжэр зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIэзыхыжауэ щыта Томирис и цIэр.

Щымыгъуазэхэм дызытепсэлъыхьыр къывгурыIуэн папщIэ… Министр Бишимбаевым и щхьэгъусэ Нукеновэ Салтанат зэпымычу ефыгъулIэт, гуныкъуэгъуэ иIэми, губжьами, ефами бзылъхугъэм и Iэр хуиIэтырейт, гурыщхъуэ гуэрхэри хуищIырт. Салтанат а псори ишэчырт и щхьэгъусэр фIыуэ илъагъурт, унагъуэр зэтриIыгъэну хуейт, хэIущIыIу мыхъумэ нэхъ къищтэрти. 2023 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м Бишимбаевым и щхьэгъусэр рестораным иригъэблагъэри, абдеж псалъэмакъ къыщиIэтащ, бзылъхугъэр къыщIимыгъэкIыу сыхьэти 8-кIэ иубэрэжьащ, теужым-къытехьэжурэ. Салтанат и щхьэ къупщхьэр пхиудыху, и нэ лъэныкъуэр кърихуху лIым ар адэ-мыдэкIэ ириудэкIыурэ къыIэщIэукIащ. Бзылъхугъэр апхуэдэу щIым къыщинэщ, Iэнэм етIысылIэри шхащ къулыкъущIэр. Теужу, бзылъхугъэр зэрымыбауэр къыщыгурыIуэм, Бишимбаевыр Iэзэм деж псэлъащ, щхьэгъусэр хъужынрэ мыхъужынрэ къищIэну хуейуэ. Апхуэдэхэм деж дэIэпыкъуэгъу псынщIэр нэхъ сэбэп хъунутэкъэ Iэзэм нэхърэ?!

Сытми, а псори камерэхэм къища пэтми, къулыкъущIэм хеящIэм Iулъхьэ иритауэ жаIэ. Пэжыр дэ тщIэркъым, ауэ прокурорыр имыгъэпсэлъэну зэрыпэрыуэ зэпытыр къэплъэтэмэ, гурыщхъуэ бощI. Бишимбаевыр мыкъуаншэу, езы Салтанат ефауэ щэ-плIэ джалэурэ фэбжь зытрилъхьэжауэ, хьэргъэшыргъэ къиIэтырейуэ, и лIыр гугъу иригъэхьу щытауэ къыщIрагъэдзыну хэтщ уэчылхэми.

Мис а псоми ерыщу пэщIэтщ прокурор Аймагановэр. Айжан судым хэт псори къыхуреджэ хабзэм, напэм, щIыхьым тету Iуэхум хэплъэну, япэ ищу хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм зыри щыжамыIэну. Арами, судыр зэрекIуэкIым видео трахыурэ интернетым къралъхьэри, прокурорым Салтанат и щIыхьым къызэрыщхьэщыжыр, Бишимбаевым и къуэншагъэр къыщIигъэщыну зэрыхэтыр, зыми зэрыщымышынэр, и хуитыныгъэхэр къызэпримыгъэуду хеящIэми зэрыпэщIэтыр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым.

«Айжан и фIыгъэкIэ бзылъхугъэхэм я щхьэр къаIэтыжащ»,  «Ди нэр къэплъэжащ», «Аймагановэ Айжан – гугъэм и нэбзийщ», «Генерал хъуну хуэфащэщ», жаIэ цIыхухэм. Гуапэ мыхъуу къанэркъым прокурорым бзылъхугъэхэм я закъуэ мыхъуу, цIыхухъухэри зэрырителъхьэр.

Айжан гъащIэ тхьэм кърит, нэхъапэращи! Iуэхур дуней псом хэIущIыIу щыхъуащи, наIуэ дыдэу хьэрэмагъ кIэлъызэрамыхьэну дыгугъэнщ.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.