ДОМБЕЯКЪ МЕДАЛЫР И IЭРЫЛЪХЬЭУ

УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Федоров Юрий и фэеплъу дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ  Челябинск къалэм и спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. А урысейпсо зэпеуэм екIуу зыкъыщигъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэн Шыкълъашэ Елдар.

ЗэIущIэм кърихьэлIат къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 38-м, Белоруссиемрэ Къэзахъстанымрэ я бэнакIуэ щIалэрэ хъыджэбзу 400-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.

И хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупым (кг 66-м) Шыкълъашэ Елдар япэ зэIущIиплIыр къыщихьащ, ауэ къыкIэлъыкIуэр иригъэхьащ фэеплъ зэхьэзэхуэм иужькIэ япэ шыхъуа, Сахалин областым и бэнакIуэ Резников Илья.

«Финал цIыкIум» ещанэ увыпIэм щхьэкIэ Елдар IущIат ди командэм щыщ щIалэ Бэждыгъу Аскэр. Мыбдежым Шыкълъашэр щытекIуащ.
Къыхэдгъэщынщи, Санкт-Петербург тхьэмахуитI ипэкIэ щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щызэхуэзауэ щытат ди щIалэхэри, абы щыгъуэ Бэждыгъур нэхъ лъэщу къыщIэкIат.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ  Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI