ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къытIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэухылIэныгъэ (контракт) щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталийрэ.
Урысей Федерацэм и Президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, дзэ къулыкъум пэрагъэувэнухэр мэлыжьыхьым и 1-м къыщыщIэдзауэ ираджэ. А Iуэхур щызэкIэлъагъэкIуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым мы зэманым къыщызэIуахащ дзэм дэзыш комиссэу 14: пщыкIущыр - районхэм, зыр - республикэм и къалащхьэм.
- Гъатхэ дэшыгъуэм хуэдгъэхьэзырын хуейуэ республикэм къытхуагъэувар цIыху миным нэблагъэщ. МызэкIэ, цIыхуи 100-м щIигъум дзэм зэрыдэтшынумкIэ дэфтэрхэр яIэрыдгъэхьащ. Зи гугъу сщIы цIыху миныр мэлыжьыхьым и 15-м щыщIэдзауэ мэкъуауэгъуэм ику пщIондэ едгъэжьэнущ, - къыхигъэщащ дзэ комиссарым.
Ди республикэм щыщу иджырей дэшыгъуэм хэхуэнухэм я нэхъыбэр здагъэкIуэнур лъэсыдзэр арами, щIалэхэм къахэкIынущ хыдзэм хагъэхьэнухэри. Иужьрейхэм къулыкъу щрахьэкIынущ Балтикэ тенджызым, хы ФIыцIэм, хы Хуэмым. КъинэмыщIауэ, щыIэнущ хьэуа-десант, хьэршыдзэм ираджэнухэри. Армэр хуеинущ Урысейм и ДОСААФ-ми нэгъуэщI абы хуэдэ еджапIэхэми ягъэхьэзыра, С категорие зиIэ машинэзехуэхэми.
Пахомовым зэрыжиIэмкIэ, щIалэхэр щызэхуашэсыну щIыпIэхэм зэрыIуашынур гуфIэгъуэ щытыкIэм тетущ. Дэтхэнэри, емыжьэ щIыкIэ, дзэм зэрыхэтыну щыгъынхэмкIэ яхуэпэнущ, гъуэгу гъуэмылэхэмкIи къызэрагъэпэщынущ.
Дзэм ираджэну къатохуэ зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуахэми колледжхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыухахэми. ПIалъэкIэ ирамыджэну хуитыныгъэ яIэщ IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэмрэ университет-институтхэм щIэсхэмрэ.
- Республикэм и дзэ комиссэхэм цIыху мини 6-м щIигъу мы зэманым къетшэлIэну ди мурадщ. Ахэращ цIыху миным нэблагъэр къызыхэтшынури. ДэркIэ нэхъапэр дзэм дгъакIуэхэр узыншагъэ тэмэм яIэу зэрыщытыпхъэрщ. Я узыншагъэр хуэхъумэ - догъакIуэ, хуэмыхьэзырхэр - доутIыпщыж, - игъэбелджылащ Пахомовым.
КъБР-м и дзэ комиссарым зэрыжиIам тетщIыхьмэ, зи дэкIыгъуэу армэм ираджэхэр дзэ Iуэху хэха щекIуэкI щIыпIэхэм яшэнукъым, къэралым къыхагъэхьэжа щIыналъэхэми ирагъэхьэнукъым.
ЗэухылIэныгъэ езыщIылIэхэр
- УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм къытхуигъэува къалэнхэм ящыщщ дзэ Iуэху хэхам езыхэм я фIэфIыныгъэкIэ кIуэну хуейхэм гуп щхьэхуэхэр къахэтхыныр, - къыпещэ и псалъэм Пахомов Дмитрий. – Мы гъэми а щIыкIэм тету дзэм хэдгъэхьэну къытхуагъэувам я бжыгъэр мини 2-м ноблагъэ. Абыхэм ящыщу нобэ ирихьэлIэу дгъэхьэзырахэм я бжыгъэр цIыху 300-м щIегъу. Ахэр зэгурыIуэныгъэм тету дзэм къулыкъу щезыхьэкIынухэм яхэдгъэхьакIэщ.
- Нэгъабэ, иджы хуэдэ зэманым, Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщызэдгъэпэщащ зэухылIэныгъэкIэ дзэм къулыкъу щезыхьэкIыну хуейхэр здекIуалIэ хъуну хэщIапIэ. Ар сыт хуэдэ зэманми мэлажьэ, - зэIущIэм щIэсахэм абыкIэ хъыбар дигъэщIащ зи гугъу тщIы екIуэлIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталий.
ХэщIапIэщIэм и лэжьыгъэр зэтраухуащ, екIуалIэ дэтхэнэми а махуэ дыдэм (лэжьэгъуэ махуэхэми зыгъэпсэхугъуэхэми) зыщIэупщIэ псомкIи чэнджэщ щигъуэтыфын хуэдэу. Iухьэхэм къулыкъу щрахьэкIыну нэхъ зыхуейуэ къагъэлъагъуэр, зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу къедбжэкIынщи, Ставрополь крайм щыIэ хьэуа-десант дзэм и хэщIапIэрщ, кIэлъыкIуэу Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къалащхьэм пэгъунэгъуу щыIэ Тарскэ къуажэ цIыкIум къегъэщIылIа мотострелковэ полкымрэ апхуэдэ дзэ лIэужьыгъуэхэмкIэ Волгоград къыщызэрагъэпэща полкыщIэмрэщ.
Дзэм а щIыкIэм тету зэгурыIуэныгъэ езыщIылIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ я хуитыныгъэхэм къахохъуэ. Дзэ Iуэху хэхар здекIуэкI щIыпIэм кIуахэм я мазэ улахуэр сом мин 210-м (сэлэтхэм ират) деж къыщыщIэдзауэ нэхъыби мэхъу. КъинэмыщIауэ, апхуэдэм зэ тыгъуэу къыIэрохьэ УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и жэрдэм хэлъу – сом мин 195-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм къыбгъэдэкIыу - сом мин 300. Иужьрейр мы гъэм гъатхэпэм и 1-м яубла Iуэхугъуэщ.
Езым и фIэфIыныгъэкIэ дзэм зэгурыIуэныгъэ езыщIылIэм къэралым зыкъызэрыщIигъакъуэм щыщщ «Ветеранхэм яхуэгъэзауэ» зыфIаща федеральнэ хабзэм къызэрыщагъэлъэгъуауэ, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ министерствэм и мылъкукIэ фэтэр зыIэригъэхьэну хуитыныгъэ зэриIэр, езыми и унагъуэм щыщхэми я узыншагъэм щакIэлъыплъ хъуну IуэхущIапIэхэм пщIэ щIамыту зыщрагъэIэзэну Iэмал зэраIэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, зэпеуэ къыхэмыкIыу икIи пщIэншэу, щIэтIысхьэну хуит зэращIыр. Дзэм зэгурыIуэныгъэ ирищIылIэфынущ зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 60-м фIэмыкIа дэтхэнэми.
Ди республикэм нэгъабэ а щIыкIэм тету дзэм къулыкъу щызыщIэну кIуахэм я бжыгъэр мини 2-м щIегъу. Абыхэм я нэхъыбэр фочауэщ, мыдрейхэр машинэзехуэщ, пщафIэщ, техникэм пыщIахэрщ.
IэмалыщIэ
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Урысейм и «ПСБ» ахъшэ хъумапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Нэхущ Азэмэт.
- «ПСБ» банкым къызэригъэпэща «СВОи» электрон картэр IэмалыфIщ СССР лъэхъэнэхэм къыщыщIэдзауэ зауэ зэпэщIэувэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэта ди хэкуэгъухэми мы зэманым екIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэми къэралым социальнэ и лъэныкъуэкIэ яхуигъэфащэ хуитыныгъэхэр, къехьэкI-нехьэкI лей хэмыту, тыншу зыIэрагъэхьэнымкIи ахъшэ зэрыхалъхьэ-къызэрыхахыж IуэхухэмкIэ къагъэсэбэпынымкIи. Зи гугъу тщIы электрон картэм къалэн зыбжанэ хуэгъэзэщIэнущ: ар, псом япэрауэ, ахъшэ зэрыхэплъхьэ-къызэрыхэпхыж хъуну къызэрыгуэкI «Iэмэпсымэщ», етIуанэрауэ, ар социальнэ картэщ, ещанэрауэ, абы къыщыгъэлъэгъуащ зыIыгъым «ветеран» цIэр зэрызэрихьэр, - игъэбелджылащ Нэхущ Азэмэт.
Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм «СВОи» электрон картэр «ПСБ» ахъшэ хъумапIэм и дэтхэнэ къудамэми къыщраIыхыфынущ. Абы папщIэ яIыгъын хуейр езыхэм я паспортымрэ зауэ зэпэщIэувэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэм зэрыщыIэм щыхьэт техъуэ тхылъымпIэмрэщ.
КЪУМАХУЭ Аслъэн.