ЦIЫХУ МЕЛУАНИПЩI ЕПЛЪАЩ

«Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэблэгъащ цIыху мелуан епщIанэ хъуа, Ярославль щыщ Панфилов Константин. Абы и гъусэт и щхьэгъусэ Екатеринэ.

- Ар дызыпэмыплъа Iуэхущ. Выставкэм япэу дыкъакIуэу аращ. Абы екIуэлIахэм я мелуан епщIанэ сызэрыхъуар гуапэщ, - жиIащ Панфилов Константин.

«Урысей» гъэлъэгъуэныгъэм и ехъулIэныгъэхэр» АНО-мрэ «Росатом» къэрал корпорацэмрэ къабгъэдэкIыу, Константинрэ и щхьэгъусэмрэ тыгъэ хуащIащ Мурманск къалэм зэрызыщаплъыхьыну сертификатыр. Абы Iэмал къарет «Ленин», «Атомфлот» атомнэ ледоколхэм, Кольскэ атомнэ электростанцым кIуэуэ зрагъэлъэгъуну.

Выставкэр мы тхьэмахуэм щIэщыгъуэу йокIуэкI. Мэлыжьыхьым и 4-м ягъэлъэпIащ ар къызэрызэрагъэпэщрэ мазитху зэрырикъуар. Мэлыжьыхьым и 6-м абы кIуащ цIыху мелуан епщIанэр. Гъэлъэгъуэныгъэм щIэупщIэшхуэ щIиIэр ар Урысей псом и щIыналъэхэм щыщхэм къызэрызэрагъэпэщарщ. Къэрал псор зэкъуэувауэ я ехъулIэныгъэхэр къагъэлъагъуэ. Лъагъуныгъэрэ гушхуэныгъэрэ щыкуэдщ абы! Аращ цIыхубэр абы езышалIэри.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, мыбы Къэбэрдей-Балъкъэрым и павильони щолажьэ. Абы и хьэщIэхэм республикэм и ехъулIэныгъэхэм, социально-экономикэ зыужьыныгъэхэм, лъэпкъ хабзэхэм зыщагъэгъуазэ. Мультимедие Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ, турист, мэкъумэш IэнатIэхэм я зэфIэкIхэр, щэнхабзэ щIэинхэр щагъэлъагъуэ. КъищынэмыщIауэ, абы щыболъагъу республикэм къыщыщIагъэкI хьэпшыпхэмрэ шхыныгъуэхэмрэ.

УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэхуэсым и лэжьыгъэм ВДНХ-м щыпищэнущ бадзэуэгъуэм и 8 пщIондэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI