Iулъхьэм дыпэщIэтыфыну?

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытеп­с­эл­ъы­хьащ «Iулъхьэм зэры­пэ­щIэтым теухуауэ» Феде-ральнэ законым къыщыгъэлъэгъуахэр Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­­пуб­ликэм зэрыщагъэзащIэм. «СтIол ­хъурейм» хэтащ КъБР-м и Парла­ментым и депутат- хэр, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, респуб­ликэм ЦIыхухэм я хуиты­ныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэр, про­ку­ра­турэм, МВД-м, УФСБ-м я лIыкIуэхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ­КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэдзэ ­Жа­­натаев Сэлим.
- Нобэ зи гугъу тщIы Iуэ­хум, Iулъхьэ зэрызэIэпа-хым пэщIэтыным, ди зэманым мыхьэнэшхуэ щи­Iэщ, гугъуехь куэди пы­щIащ. Абы ехьэлIа лэ­­жьыгъэхэр къыщыгъэ­лъэгъуащ «Iулъхьэм зэры­пэ­щIэтым теухуауэ» Федеральнэ Законым. Ахэр зэ-рагъэзащIэм ди нэIэ те­тын хуейщ, - жиIащ Жа­­натаевым. - Иужьрей зэманым хабзэхъумэ IэнатIэхэр нэхъ жыджэру елэжь хъуащ Iулъхьэ щымыгъэ­Iэным. Апхуэдэуи республикэ унафэщIхэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ ­гулъытэ хэха хуащI Iулъ-хьэм зыщадзеину цIыхубэр къыхураджэным. Апхуэдэ Iуэхум къыхашэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри. ИтIани, жыIэн хуейщ абы и лъэныкъуэкIэ иджыри гугъуе­хьхэр дызэриIэр.
КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэ­ты­нымкIэ и комитетым и ­уна­фэщI Кривко Михаил тепс­э­лъы­хьащ «Iулъхьэм пэ­щIэ­ты­ным теухуауэ» законым къищынэмыщIа, а Iуэхум хуэунэтIауэ щыIэ къэ­рал программэ хэха-хэм. Абы жиIащ КъБР-м и Парламентыр сыт щыгъуи зэрыхущIэкъур къищтэ законхэр зэрыригъэфIэ­кIуэ­ным. «Iулъхьэ щымыIэн щхьэкIэ псом нэхърэ нэхъыщхьэу делэжьын хуейуэ къы­золъытэ ар къыщIежьэ щхьэусы­гъуэм. Абы и лъэ­ныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхубэм дадэлэ­жьэ­ным, жылагъуэ кIэлъып­лъы­ныгъэхэр къызэдгъэ-пэ­щы­ным, Iуэхутхьэбзэу хуащIэм я фIагъым теу­хуауэ зэ­Iу­щIэхэр едгъэ­кIуэ­кIы­ным», - къыхигъэщащ къэп­сэлъам.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Iулъхьэ зэры­зэ­Iэпахым пэщIэ­тыным­кIэ и управленэм и унафэщI Нэгъуей Аслъэн жиIащ «КъБР-м жылагъуэ гъащIэмрэ цIыхубэ шына-гъуэн­шагъэмрэ щегъэ­фIэкIуэн, хабзэр къы­щызэпемыгъэу­дын» къэ­рал программэм «Iулъхьэ зэIэпыхыным зэ­рыпэщIэт Iэмалхэр» и гуэ­дзэным Iуэхугъуэ 32-рэ къы­зэ­рызэщIиубыдэр, абы­хэм тету я лэжьыгъэр къы­зэ­ры­зэрагъэпэщыр.
- 2020 гъэм Iулъхьэ зэIэ­пы­хыным пэщIэтыныр зи къалэнхэм хыхьэ къэрал лэжьакIуэ 33-м я Iэзагъэм хагъэхъуащ, къэрал, муниципальнэ IэнатIэ увагъащIэхэм ящыщуи цIыху ­53-рэ абы пхыкIащ. 2021 гъэм и япэ мазищым ап­хуэдэ дыдэу зи щIэныгъэм хэзыгъэхъуахэр 7 мэхъу, - жиIащ Нэгъуей Аслъэн. - КъищынэмыщIауэ, Iулъхьэ зэIэпамыхыным къызэ­ры­хураджэ лэжьыгъи йокIуэкI. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщт 2020 гъэм и еплIанэ мазищым «Стоп, коррупция!» щIалэгъуалэ зэхыхьэр КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэм къызэрызэригъэпэщар. Къыхэгъэщыпхъэщ, рес­публикэм и хъыбар­е­гъащIэ IэнатIэхэми мы Iуэхум тхыгъэ, нэтын куэд зэрытраухуэр. Апхуэдэу республикэм и къэрал IуэхущIапIэхэм я сайтхэм тхыгъэ 506-рэ, телевиденэм - 6, радиом - 64-рэкъатащ. Дызэрыт илъэ- ­сым и япэ мазищым радиом Iулъхьэм щытеп­сэ­лъыхьащ 55-рэ, те­­леви­денэм - 13-рэ, сайтхэм тхыгъи 130-рэ къралъхьащ. Къищынэмы­щIауэ, къэрал IуэхущIапIэ­хэмрэ щIыпIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэмрэ я жылагъуэ советхэм зэIущIэ 30-м нэблагъэ ирагъэ­кIуэкIащ.
КъБР-м и прокуратурэм Iулъхьэ зэрызэIэпахым пэ­щIэтынымкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъ и къудамэм и унафэщI Бекъул Залинэ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм хигъэгъуэзащ зэIущIэм ­хэтхэр. Абы зэрыжиIамкIэ, хабзэр къызэрызэпаудам теухуауэ къыщIагъэщам и бжыгъэр проценти 4-кIэ ­хэхъуащ.
- Хабзэр къыщызэпауд Iуэхухэр нэхъыбэу епхащ хьэпшып къэщэхуным, къэрал, муниципальнэ мы­хьэнэ зиIэ Iуэхутхьэбзэхэр къызэрагъэпэщыным. Къи­щынэмыщIауэ, я мылъ­кур, хэхъуэхэр, абы­хэм щыщу къагъэсэбэпахэр тэмэму къагъэлъа­гъуэркъым, уеблэмэ ап­хуэдэ дэфтэрхэр щамыгъэхьэзыр къохъу, - жиIащ Бекъулым. - Дызэрыт илъэ­сым и япэ мазищым едгъэ­кIуэкIа къэпщытэныгъэ­хэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Iулъхьэ зэрызэIэпахым пэ­щIэ­тынымкIэ законодательствэм къэрал, муниципальнэ къулыкъу зезыхьэ­хэр зэребакъуэм и бжыгъэм хэхъуащ. Iулъхьэм епхауэ республикэм щалэжь щIэпхъаджагъэхэри процент 39-кIэ нэхъыбэ ­хъуащ (166-м и пIэкIэ 232-рэ), абы щыщу проценти 8,5-р Iулъхьэ къызэрыIа-хам теухуащ. 2021 гъэм и япэ мазищым Iулъхьэм теу­хуа щIэпхъаджагъэу ятхам и бжыгъэр 72-рэ мэхъу. Республикэм щIыпIэ уна­фэр зехьэнымкIэ и IэнатIэхэм Iулъхьэм пэ­щIэ­ты­нымкIэ программэхэр къащтащ. Абы щыгъуэми, къэп­щытэныгъэхэм къы-­зэ­рагъэлъэгъуамкIэ, 2019-2020 гъэхэм ятещIыхьауэ а Iуэхухэм хухаха мылъкум и ныкъуэрщ муниципальнэ щIыналъи 5-м къагъэсэбэпар (Прохладнэ къалэм, Прохладнэ, Тэрч, Май, Шэрэдж районхэм). Муниципальнэ щIыналъитIым - Аруан, Шэджэм ­районхэм - программэм къы­щыгъэлъэгъуа Iуэхухэр зэрагъэзэщIэну ахъшэ ­хухахыххакъым. Прокурор къэп­­щытэныгъэхэм япкъ иткIэ, Iуэхугъуэ хэхахэмкIэ административнэ жэуа-пым цIыху 34-рэ ирашэ­лIащ. Псалъэм папщIэ, абы щыщу 2-р теухуат хабзэм къемызэгъыу Iуэху-щIапIэм къыбгъэдэкIыу зыгуэр пщIэкIэ зэрагъэгуш­хуам. КъБР-м и Жылагъуэ пала­тэм и унафэщIым и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ къыщыпсалъэм жиIащ Iулъхьэ зэрызэIэпахым пэ­щIэтынымкIэ я жэрдэмхэр къагъэувыну цIыхубэр нобэ зэрымыхьэ­зы­рыр. «ЦIы­хубэм зы еплъыкIэ яIэу щыткъым Iулъхьэм теу­хуауэ, гупсысэ зырыз яIэж фIэкIа. Хэти ар къелъытэ гъащIэм къыхыхьэпауэ, абы зыдегъэкIун фIэ­кIа нэгъуэщI хэкIыпIэ имы­лъагъуу. НэгъуэщIхэми я фIэщ мэхъу политикэ пэж щыIэмэ, къэралыр абы пэ­лъэщыну. Дауэ мыхъуми, кIуэ пэтми цIыхухэм нэхъ къагуроIуэ коррупцэм пылъ шынагъуэр зыхуэдэр - къэралым дежкIи цIыхум дежкIи. КъБР-м и Жыла­гъуэ палатэм мы Iуэхур мызэ-мытIэу къыщытIэтащ икIи Iуэхур зылъахъэх­эм ящыщу къэдгъэлъэ­гъуащ: унафэщIхэмрэ жылагъуэ лIыкIуэхэмрэ тэмэму зэ­рызэ­дэмыла­жьэр, цIыху­хэм къэрал Iуэ­ху­щIапIэ­хэм дзыхь зэрыхуамы­щIыр, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм я Iуэху еплъы­кIэр къыщагъэлъэгъуащ Налшык къалэ округым и щIы­пIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Пащ­ты Аслъэн, Iуащхьэмахуэ районым и щIыпIэ администрацэм кIэ­лъы­п­лъыныгъэмкIэ и къуда-мэм и унафэщI Ахматов Ильяс, Май муниципальнэ щIыналъэм и щIыпIэ ад­ми­нистрацэм и Iуэхухэр зезыгъакIуэ Фомина Иннэ, Кавказ Ищ­хъэ­рэм УправленэмкI и академием и ка­­фед­рэм и доцент Караев Расул. ЗэIущIэм щыжаIахэр къэлъытауэ зэлэ­жьып­хъэхэр ягъэбелджылащ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.