Iейм щахъумэн мурадкIэ

Урысейм афиянхэкIхэм зэ­рыщыпэщIэт Iуэхухэм язщ «Призывник» зыфIащар. Ар ирагъэкIуэкI илъэсым тIэу, дзэм къулыкъу щызыщIэнухэр щраджэ пIалъэм.
КъБР-м щыIэ МВД-м ­Наркотикхэр зэрызэрагъэ­-кIуэкIым кIэ­лъыплъыным­- кIэ и управ­ленэм и лэ­жьа­кIуэхэм ящыщ Къэ­бэрдей-Балъкъэ­рым и Дзэ комис­сариатым щыIащ дзэм ираджахэм яIущIэн папщIэ.
Республикэ военкоматым и IэщIагъэлIхэмрэ полицейхэмрэ щIалэгъуалэм епсэ­лъащ афияным зыщахъу­мэ­ным теухуауэ.
Полицейхэм абыхэм жраIащ афиянхэкIхэр хабзэм къемы­зэгъыу игъэкIыным уголовнэ, административнэ жэуапым узэрыришалIэр, наркотикым цIыхухэр мащIэ-мащIэурэ зэ­риукIыр.

Бахъсэн Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.