Илъэс щэщI гъуэгуанэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Муслъымэнхэм я  дин IуэхущIапIэм щекIуэкIа зэхуэсым
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Налшык къалэ щагъэлъэпIащ.
МахуэщIым ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Кавказ Ищхъэрэм щыIэ ­дин IуэхущIапIэхэр зэрыт щытыкIэмрэ ­къапэщылъхэмрэ» фIэщыгъэр зиIэ зэ­хуэсым кърихьэлIащ Дагъыстэным, Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэр­джэсым, Адыгейм, Къалмыкъым, Краснодар щIыналъэм щыщ муф- тийхэр, Iимамхэр, дин лэжьакIуэхэр.
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин Iуэ­хущIапIэм и муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуи­щIа нэужь, къакIуа гъуэгуанэм кIэщIу ириплъэжащ, тхыдэ пщалъэм тету уб­­гъэдыхьэмэ, илъэс 30-р мыпIалъэ кIыхьми, куэд зэрахузэфIэкIар, узэ­рыгушхуэ хъун лэжьыгъэшхуэ зэ­ры­зэфIахар къыхигъэщащ.
«КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин Iуэ­ху­щIа­пIэм и лэжьыгъэр, - жиIащ Дза­- сэ­жьым, - къыщыунэхуа махуэм щегъэжьауэ нобэм къэсыху зыхуэу­нэ­тIари зыхуэгъэпсари зы Iуэхущ - ­мус­­лъымэныгъэм и лъабжьэмрэ фIэщ­­хъуныгъэм и пкъохэмрэ а ди- ныр зезыхьэхэм я деж захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ тету нэхьэсынырщ, зэ­ныкъуэкъурэ зэпэщIэувэрэ къыхэ­мы­кIыу лъэпкъыбэр щыпсэу ди щIыналъэм илъ мамырыгъэр хъумэнырщ. Дауи, къэткIуа гъуэгуанэм ущыхуеп­лъэкIыжкIэ, дызыгъэнэщхъеини ­ды­зы­гъэгуфIэни куэду тлъэгъуащ - диIащ жагъуэу дигу къэдгъэкIыж хэ­щIы­ныгъэхэри, ди нэгу щIэкIащ укъызэщIэзыIэтэ Iуэхугъуэхэри, гуп­сысапIэ дыхэзыдза щытыкIэ гугъухэ-ри мызэ-мытIэу къытлъыкъуэкIащ. Ап­хуэдэу щыт пэтми, дыщIэгушхуэнрэ дыщIэпэгэну ди Iуэхум хэлъар нэхъыбэщ, тхужыIэнущ. Дэтхэнэ цIыху-ми хуитыныгъэ иIэщ и фIэщ хъу диным тетыну, абы тещIыхьа хабзэхэр зэрихьэну. А щытыкIэр ди щIыналъэм диныр къыщыгъэщIэрэщIэжыным, Тхьэм и псалъэ пэжыр Бегъымбар ­лъапIэм цIыхухэм къазэрыхуихьам хуэ­дэу нэхьэсыным толажьэ, абы хуэу­нэтIауэ щыIэ Iэмалхэр нэхъыэ ещI».
Дзасэжьым КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и зэпыщIэ­ныгъэхэми я гугъу ищIащ: «Гуапэу къы­хэзгъэщыну сыхуейт Кавказ Ищхъэрэм щыIэ муслъымэн IуэхущIапIэхэр дызэрызэдэлажьэр, щIэх-щIэ­хыурэ дызэрызэлъэIэсыр. Дэ къыт-лъысу къатщтэ унафэхэр дин щIэныгъэм теухуауэ щытын хуейщ. ЩIэ­ныгъэм гъунэ иIэкъым, узыщымыгъуазэхэр мымащIэу къыхэкIынущ. Абы щыгъуэм акъыл зэхэдзэ тщIыуэ дызэрызэбгъэдэтыр зимыуасэ щыIэкъым. Уеблэмэ, ар ди лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр езыгъэфIакIуэ, зэпэб­лагъэ зыщI Iуэхугъуэхэм ящыщу жы-пIэ хъунущ».
Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ зэ­хуэсыр муслъымэн диным и тхыдэм-рэ щэнхабзэмрэ фIыуэ щыгъуазэ, щIэныгъэ куу зиIэ IэщIагъэлIхэр гъэ­хьэзырыным хуэунэтIауэ УФ-м къищта къэрал программэм ипкъ иткIэ зэрекIуэкIар.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.