ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж. Лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Осетинскэ, Балкарскэ, Молодежнэ, ЕтIуанэ Таман дивизэм, Къэзанокъуэ Жэбагъы, Мусукаевым, Хъураным я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм. 

Осетинскэ уэрамым и гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ, уэшхыпс-уэсыпсыр зэрылъэдэну кIэнауэхэр далъхьащ, асфальтыр зытралъхьэну лъабжьэр ягъэхьэзыращ, мывэхэр гъуэгубгъум иджыпсту къыIуалъхьэ. Абы нэмыщI, Налшыкыпсым телъ лъэмыжри зыхуей хуагъэзэж, гъуэгущхьэм тет пкъохэр зэрахъуэкI, ток кIапсэхэр яшэщI.
ЕтIуанэ Таман дивизэм и уэрамри нэхъ бгъуэ ящIащ, бордюрхэр ягъэтIылъащ, кIэнауэхэр храгъэубыдащ, лъэс лъагъуэхэри хашащ. Осетинскэ уэрамымрэ абырэ я зэпыхьэпIэхэри ягъэбыдэж.
Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ уэрамым асфальтыщIэ тралъхьащ, уэрамдэкIхэм я къыхыхьэпIэ-хэкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукI, гъуэгубгъухэр кърагъэбыдэкI. Апхуэдэ лэжьыгъэ дыдэхэри щрагъэкIуэкI Мусукаевым и цIэр зезыхьэ, Молодежнэ уэрамхэми. Балкарскэ уэрамым и гъуэгу щхьэфэр трахащ, иджы ар ягъэбыдэ, асфальтыщIэ зэрытралъхьэнум хуагъэхьэзыр щыIэ мардэхэм ткIийуэ тету. Абы нэмыщI, «Уафэ къабзэ» къэрал пэхуэщIэм хыхьэу уэрамыр иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуэнущ, пкъохэр, торшерхэр ягъэув, кIапсэхэр яукъуэдий. Хъуран Батий и цIэр зезыхьэ уэрамми асфальтыщIэ тралъхьэнущ, къедзылIа щIыпIэр абы хуагъэхьэзыр.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Налшык и уэрамхэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым фокIадэм 1-м ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну траухуащ. 
 

ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.01.2025 - 12:25

ЩIэблэм я щапхъэщ икIи я гъуазэщ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыб­лагъэ яIущIащ щIыпIэ спорткомитетым и унафэщI Къаскъул Аслъэн, Щауэ Iэхьед и цIэр зезыхьэ спорт еджапIэм и директор Къарэмышэ СулътIан,

16.01.2025 - 09:29

ДэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэр нэхъапэщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъу­ныгъэмкIэ министр Тогузаев ТIэхьир.

16.01.2025 - 09:27

ГъуэгуфIхэм гъащIэр ягъэтынш

Дызыхыхьа илъэсым ­республикэм и щIыналъэ ­гъуэгухэм хыхьэхэу гъуэгу лэжьыгъэхэр щрагъэ­кIуэ­кIыну щIыпIэхэр яубзы­хуащ. Ахэр 26-рэ мэхъу икIи псоми зэхэту километр 55-м щIигъу я кIыхьагъщ.

16.01.2025 - 09:25

«Адыгэ псалъэм» и хьэщIэ цIыкIухэр

«Адыгэ псалъэ» газетым  и хьэщIэщым къеблэгъащ Нал­шык дэт гимназие  №14-м и унафэщIым гъэ­сэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэ­дзэ Султановэ Саймэ, и гъэ­сэнхэр - 6-нэ классым ще­джэ ныбжьыщIэхэр - щIы­гъуу

16.01.2025 - 09:01

ШахматымкIэ нэхъ лъэщхэр

Налшык къалэм щекIуэкIащ шахмат къызэрыгуэкIымрэ блицымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Абы хэтащ сабий 90-рэ балигъыу 20-рэ икIи ахэр я ныбжьрэ яIэ рейтингымрэ елъытауэ гуп-гупу гуэшауэ щытащ.