МАКЪАМЭ ТЕЛЪЫДЖЭМ И ЛЪАХЭМ

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ «Му­зыкальный диа­лог» концертыр, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдо-къуэ Муратрэ ди республикэм щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ зэ­да­гъэ­хьэ­зырар. 

Дахагъэм къару лъэщ зэ­риIэр наIуэ тщащIащ а пщы­хьэщхьэм. И макъамэ щабэхэмкIэ ди къэралми абы и  адрыщIкIи цIэрыIуэ щыхъуа Къэбэрдокъуэ Мурат форте­пианэм ­щеуэкIэ дунейр зэ­щIо­гъагъэри гугъэщIэм уи гур щыз ещI. Мы пщыхьэщ­хьэм иджыри зэ хьэкъ сщы­хъуащ лъым къа­руушхуэ зэ­риIэр, абы хэлъ нэ­рымы­лъагъу къарум пэлъэ­щын зэ­ры­щымыIэр. Бэрбэч Аскэр а пшыхьым бзэ зыбжанэкIэ уэрэд щигъэзэщIати, пэшым цIыхуу щIэсыр умэзэхауэ едэIуащ, ауэ пасэрей уэрэ­-ды­жь­хэр щигъэ­защIэкIэ Iэ­гуауэр нэхъ ин хъурт. Бэрбэчым и макъыр адыгэбзэм тегъэп­сыхьащи арагъэнщ ап­хуэ­дэу къабзэу, гум и налъэ къэс нэIусу щIигъэIур. 
Пшыхьым щагъэзэщIащ МэшбащIэ Исхьэкъ, Къэжэр Пётр, Хьэ­Iупэ ДжэбрэIил, Къа­ныкъуэ Заринэ, Емыжь Нурбий, Къарэ Мурэдин сымэ, нэгъуэщI уса­кIуэхэми я Iэдакъэ къыщIэкIа уэ­рэдхэр, пасэрей адыгэ уэ­рэ­дыжьхэр. 
Пшыхьым къекIуэлIа дэтхэнэми имыгъэщIагъуэу къэнакъым Адыгейм щIыхь зиIэ   и артисткэ Даут Сусанэ и  макъ лъэщыр. ИнджылыбзэкIэ, адыгеи, къэбэрдеи диа­лектхэмкIэ уэрэд зыбжанэ щыжиIащ абы. А пшы-хьым  япэу утыку къыщрихьащ тха­кIуэ, усакIуэ, драматург, журналист Бемырзэ Зураб  и «Мэ­рамэжьей» усэм къытращIы­кIа уэрэд, макъамэр зытхар Къэбэрдокъуэ  Муратщ. 
Даут Сусанэ Адыгейм и къэрал филармонием и уэрэ­джы­IакIуэщ. Абы ди къэралми и ­адрыщIкIи ще­кIуэ­кIа зэпеуэ куэдым пашэныгъэ щиу­быдащ.   2014   гъэм   «Адыгейм щIыхь зиIэ и артист» цIэ  лъапIэр къыхуа­гъэ­фэщащ. 2017 гъэм ар хэтащ Кадыров  А. и цIэкIэ къызэрагъэпэща «Голос Кавказа» ­ра­дио­фестивалым. Адыгейм и «Налмэс» ансамблым и ­гъусэу Китайм, Израилым, Аб­хъазым щыIащ. 2019 гъэм ар нэсыфат «Новая Звезда» фIэщыгъэм щIэт урысейпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм. 2020 гъэм Адыгэ щэн­хабзэм и дунейпсо фестивалым япэ нагъыщэ зиIэ и лауреат ­хъуащ. 2022 гъэм Даут Сусанэ щхьэ­хуэу ита концертым зыкъы­щагъэлъэгъуащ УФ-м и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм хэт Пысь Артёмрэ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскэррэ. Зи гугъу тщIа Iуэху­гъуэхэр зи щIэ­дзапIэ дахэ ­уэ­рэджыIакIуэм нэхъыбэжкIэ къызэрыпищэнум шэч къытепхьэркъыми, ефIэкIуэну, зиужьыну ди гуапэщ. 
Пшыхьым хэту ХьэIупэ ДжэбрэIил псалъэ щратам жи­Iащ адыгэ лъэпкъым и хъу­гъуэфIыгъуэ ину мы щIалэ­гъуалэр къызэрилъы­тэр.
- Даут Сусанэ и макъ нобэ япэу зэхэсхауэ аращи, телъы­джэщ! ИкъукIэ сигу ирихьащ. Лъэпкъыр фIыкIэ зы­щыгугъ­хэм фащыщщи, фе­фIэкIуэну сынывохъуэхъу, - жиIащ ХьэIупэм. 
- А пшыхьым щытлъэгъуар па­сэрей гъуазджэм  и   куу­пIэм ­ды­зыхьыж, и фIыпIэм ды­щызыгъэгъуазэ дунейщ, - жеIэ Бе­мырзэ Зураб. - БлэкIа зэманым къы­хэIукI макъа-мэр а  лъэхъэнэм  хьэлъэ дэ­хъуауэ, дишэхауэ къыпщы­хъуркъым, атIэ псэ налъэкIэ фIэ­кIа узылъэмыIэсыф, узы­щIэ­зыгъэгупсысыж, узыIэт къэхъугъэ телъыджэщ. Дэ а ду­нейм дыхашэри а макъа- мэ телъыджэхэр къэзыгъэщIа лъэп­къым дызэрыщы-щыр хьэкъ ­тщащIащ, а гупсысэм и IэфIыр ди Iум телъу дызэбгрыкIыжащ. Зэ­фIэкI уасэншэ зыбгъэдэлъ Къэ­бэр­докъуэ Мурат уэрэдым ­ху­­иу­къэбзыкIа макъ лъагэ зиIэ  Даут Сусанэрэ Бэрбэч Аскэррэ зэгъусэу къызэра-гъэ­пэща пшы­хьыр  хэкум хуа­Iэ фIылъагъуныгъэм и пшы­налъэу къэп­лъытэ хъунущ. 
Абы щыIуа адыгэ ма­­къамэхэм седэIуа иужь: «Ди Тхьэ, сыту фIыт Адыгэу сыкъы­зэрыбгъэщIар!»,- жыс­Iащ.
 ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2025 - 21:05

Адыгэ ныпым и махуэр зэдагъэлъапIэ

Адыгэ ныпым и махуэшхуэр мэлыжьыхьым и 25-м дуней псом щагъэлъапIэ. Иужьрей илъэсхэм махуэшхуэр щIалэгъуалэм ягъэлъапIэ зэрыхъуар, а Iуэхур нэхъыжьхэми зэрыдаIыгъыр гуапэщ.

25.04.2025 - 20:48

Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ

КъБКъУ-м и киноконцерт пэ­шым гукъинэжу щагъэлъэ­пIащ Адыгэ ныпым и махуэр.  Ар къызэригъэпэщащ педкол­лед­жым и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кан­­дидат Пэщол Сэкимэ. 

25.04.2025 - 20:44

ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и къалэхэм, щIыпIэхэм я Iэтащхьэхэр зыхэта «щIыналъэ сыхьэт» зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ. 

25.04.2025 - 17:04

Фэеплъ жыгхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м дэ­лажьэ Жылагъуэ советым и жэрдэмкIэ Налшык къалэ щызэхэтащ «Фэеплъ жыг ха­дэ» щIыуэпс-хэкупсэ Iуэхур.

25.04.2025 - 09:05

МэракIуэри, пхъыри, мыIэрысэри…

Нэгъабэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщрахьэлIэжащ мэракIуэ лIэужьыгъуэу тонн мини 6,8-м нэблагъэ икIи абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ проценти 4-м нэблагъэкIэ ар нэхъыбэщ, къитащ Росстатым иджыб