Статьи на кабардинском языке

ТХЫДЭМ ЩЫЩ ЗЫ НАПЭКIУЭЦI

Адыгэ жыIэгъуэхэм нэхъ щапхъэ дахэ ухуейкъым лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм уриплъэжын, гукIэ зыхэпщIэн папщIэ. Мы тхыгъэ кIэщIыр зытеухуар Абатэхэщ. Адыгэ лъэпкъыжьщ, я лъэкIыныгъэри мащIэтэкъым, куэди яхузэфIэкIырт, бзаджагъэкIи къалъыщIыхьэн щымыIэуи ерут.

Адыгэ газетым и конверт

Иджыблагъэ «Почта Рос­сии» IуэхущIапIэм художественнэ конвертыщIэ къы­ди­гъэ­кIащ, Адыгэ Респуб­ликэм къы­щы­дэкI «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхь­кIэ. Ар Iэтауэ утыку къыщрахьащ АР-м и Лъэпкъ музейм. Конвертым и бжыгъэр мин 250-рэ мэхъу, абы щыщу мин 50-р Адыгейм къыIэрыхьащ. 

Абрэджым зыри къытекIуакъым

«Джылахъстэнейм и кубок» фIэщыгъэм щIэт шыгъажэшхуэ махуищкIэ Тэрч щIыналъэм щекIуэкIащ. Ар я жэрдэмт щIыналъэм ис шууейхэм. Iуэхур къызэрагъэпэщащ «ФиIэпщэ» IуэхущIапIэм и унафэщI ФиIэпщэ Анзоррэ шы зехуэнымкIэ ди щIыналъэм цIэрыIуэ щыхъуа ФочыщIэ Iэдэмрэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм яхэтащ шы зыгъэхъухэм ящыщ Тен Анзоррэ Бузд Виталийрэ.

ХАБЗЭХЪУМЭ IЭНАТIЭХЭМ Я ЛЭЖЬАКIУЭХЭМ Я ФЭЕПЛЪУ

Кавказ Ищхъэрэмрэ Ипщэ федеральнэ округымрэ я спортсмен ныбжьыщIэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ Тырныауз къалэм и «Геолог» спорткомплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщат Iуащхьэмахуэ куей администрацэм Физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетымрэ МВД-м и къудамэу районым щыIэмрэ икIи теухуауэ щытащ зи къалэнхэр зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм.

Урысей Ипщэм щыяпэу

Хъыбар зэрывэдгъэщIащи, УФ-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр Мурашкэ Михаил ди республикэм щыIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ. Абы щIыгъуу ди щIыналъэм и ­хьэ­щIащ УФ-м Узыншагъэр ­хъумэ­нымкIэ штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэм ящыщ­хэр. 

Тыгъэ лъапIэ

«Тысяча сто гравюр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт ­иджы­б­лагъэ къыщызэIуахащ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Сурэ­тыщI гъуаз­джэхэмкIэ музейм . Ар ­КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ Худо­жес­твэхэмкIэ Урысей академиемрэ къызэрагъэпэщащ.

ДЫЖЬЫН МЕДАЛЬ РЕСПУБЛИКЭМ КЪЫХУЕХЬ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондэмкIэ я федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн къызэрыджиIамкIэ, Дагъыстэным и Каспийск къалэм жэпуэгъуэм и 14 - 16-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм паралимпийскэ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

ЦIЫХУХЭМ Я ТЫНШЫГЪУЭР КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩУ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIэкIащ. ЗэрытщIэщи, жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри.

КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУХЭР

Сабий сурэтым и Урысейпсо зэпеуэм, «Си адэ-анэрполицэм щолажьэ» зыфIащам, и щIыналъэ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIам кърикIуахэр КъБР-м щыIэ МВД-м щызэхалъхьэжащ. Комиссэм къыIэрыхьат республикэм и районхэм къикIа лэжьыгъэ 20-м щIигъу.

ЧЭТЭНЫМ И ФIАГЪЫР

Чэтэныр (щыгъагъэм деж егъэлеяуэ дахэщ. Губгъуэм щоуфафэ гъэгъа щхъуэхэр, щIыхуфэ мащIэ зыщIэлъадэхэр, тхьэмбылыфэхэр, хужьхэр. Ауэ апхуэдэ дахагъэм ущыIуплъэфынур пщэдджыжьырщ. Гъэгъахэм пщэдджыжькIэ зыкъызэIуах, шэджагъуэм, дыгъэм и гуащIэгъуэм, гъэгъа щабэ цIыкIухэр полъэлъ. Чэтэн гектарым бжьэхэм къыпахыфынущ фо килограмм 15-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке