Адыгэ газетым и конверт

Иджыблагъэ «Почта Рос­сии» IуэхущIапIэм художественнэ конвертыщIэ къы­ди­гъэ­кIащ, Адыгэ Респуб­ликэм къы­щы­дэкI «Адыгэ макъ» лъэпкъ газетыр илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхь­кIэ. Ар Iэтауэ утыку къыщрахьащ АР-м и Лъэпкъ музейм. Конвертым и бжыгъэр мин 250-рэ мэхъу, абы щыщу мин 50-р Адыгейм къыIэрыхьащ. 

Конвертыр дахэу гъэщIэрэщIащ. Газетыр къыдэкIын щищIидза япэ илъэсхэм хьэрып хьэрфхэмкIэ тхауэ традза напэкIуэцIым, Адыгейр къэралыгъуэ гъэпсыкIэ иIэу зыщыIэрэ илъэси 100 щрикъум траухуа иджырей къыдэкIыгъуэм, абы и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта КIэрашэ Тембот, республикэм и къалащхьэм я сурэтхэр тетщ конвертым. Фигу къэдгъэ­кIыжынщи, «Адыгэ макъыр» япэ дыдэу 1923 гъэм гъатхэпэм и 8-м Краснодар къыщыдэкIауэ щытащ. Ар зыгъэхьэзырар тхэн щIэзыдзагъащIэ КIэрашэ Темботт. Япэ дыдэу къыдэкIар ­хъума хъуакъым, ауэ Лъэпкъ музейм щIэлъщ 1926 гъэм къыдэкIауэ щытахэмрэ къыкIэлъыкIуахэмрэ. 
ЩIэуэ дунейм къытехьа конвертым япэу зи мыхъур тезыгъэуар «Адыгэ макъым» и япэ редактор нэхъыщхьэу щыта КIэрашэ Тембот и къуэ Анчокъуэщ. ПщIэ хуащIу и адэм и сурэт трагъэувэныр зигу къэкIахэм фIыщIэ яхуищIащ щIалэм, нэхъыжьым ищIахэр зэращымыгъупщам щхьэкIэ зэрахуэарэзыр жиIащ, апхуэдэуи газетым и лэжьакIуэхэм иджыри IуэхуфI куэд къадэхъуу лэжьэну ехъуэхъуащ. 
АР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм хуаIэ пыщIэныгъэхэмкIэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ и къэрал комитетым и тхьэмадэ Щхьэлахъуэ Аскэр конвертым мыхъур щытригъэувэм къыхигъэщащ лIэщIыгъуэ лъандэрэ къыдэкI газетым ноби мыхьэнэшхуэ зэриIэр. «Газетым ехьэлIауэ мыпхуэдэ Iуэху дахэ екIуэкIауэ къысхуэщIэжыркъым. Мы конвертыр Урысей Федерацэ псом щызэбгрыкIынущ. Хэхъуэ фиIэу, фи Iуэху дахэу иджыри бэрэ газетыр къыдэвгъэкIыну сынывохъуэхъу», - жиIащ Щхьэлахъуэм. 
 «Адыгэ макъым» и редактор нэхъыщхьэ МэшлIокъуэ Саидэ къызэхуэсахэм защыхуигъазэм жиIащ адыгэ газетыр Адыгэ Республикэм и напэу зэрыщытыр. «Абы теухуа конверт дунейм къызэрытехьам дрогушхуэ. Ди газетым анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ, лъэпкъ щэнхабзэр, хабзэр къызэтегъэнэнымкIэ къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ. Тхыдэм хыхьэну мы конвертым тетынум куэдрэ дегупсысащ икIи купщIэ хэлъу зэрыдгъэ­псыным иужь дитащи, къыдэхъулIауэ къызолъытэ, - жиIащ ­Саидэ. - Илъэс блэкIахэм газетым щылэжьа журналистхэм, щIэныгъэлIхэм, политикхэм, жылагъуэ лэжьакIуэхэм - газетым и къыдэгъэкIыным хэлIыфIыхьа псоми я лэжьыгъэр псыхэкIуадэ зэрымыхъуам конвертыр и дамыгъэу къызолъытэ. Апхуэдэуи нобэ «Адыгэ макъым» щылажьэхэр нэхъыбэжым тригъэгушхуэну, я Iуэхум гухэхъуэгъуэ къаритыну согугъэ». 
А махуэм конвертым зи мыхъур тезыгъэувахэм, псалъэ гуа­пэкIэ къызэхуэсахэм захуэзыгъэзахэм ящыщщ Мейкъуапэ судым и хьэкумыщIэ УдыкIакъуэ Эдуард, «Почта России» IуэхущIапIэм Адыгэ Республикэм щиIэ къудамэм и унафэщI Алифиренкэ Наталье, КIэрашэ Тембот и цIэр зезыхьэ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ къэрал щIэныгъэ институтым и тхьэмадэ ЛIыIув Iэдэм, АР-м и театр зэгухьэныгъэм и художественнэ унафэщI Ачмыз Рустам, «Адыгей» КъТРК-м и Iэтащхьэ Пхъэш Ашэмэз, телевиденэм, газетым щылажьэ журналистхэр, режиссёрхэр.
Жэпуэгъуэм и 28-м щегъэжьауэ «Адыгэ макъыр» илъэси 100 зэрырикъум теухуа конвертыр цIыхухэм зрагъэгъуэтыфынущ, ахэр пощт къудамэхэм щIэлъынущ. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Адыгэ макъыр» тхьэмахуэм 5 къыдокI, экземпляр 4155-рэ хъууэ. Газетым и сайтым бзищкIэ - адыгэбзэкIэ, урысыбзэкIэ, тыркубзэкIэ - укъыщеджэ мэхъу тхыгъэхэм. 
Дохъушокъуэ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.05.2024 - 10:52

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТРАУХУЭ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ.

13.05.2024 - 15:35

МАМЫРЫГЪЭМ И ЖЬЭГУР НАЛШЫК ЩЫЗЭЩIАГЪЭБЛАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр.

13.05.2024 - 08:48

БЗЭ ЗИМЫIЭР ЛЪЭПКЪЫНШЭЩ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэте

13.05.2024 - 08:47

IУАЩХЬЭМАХУЭ ДАХА НЫПХЭР

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщ

13.05.2024 - 08:46

ЩIЫХЬЫЦIЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Налшык – зауэлI щIыхьым и къалэщ» выставкэ-зэпеуэр.