Статьи на кабардинском языке

Тыгъэ лъапIэ

«Тысяча сто гравюр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт ­иджы­б­лагъэ къыщызэIуахащ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ Сурэ­тыщI гъуаз­джэхэмкIэ музейм . Ар ­КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэмрэ Худо­жес­твэхэмкIэ Урысей академиемрэ къызэрагъэпэщащ.

ДЫЖЬЫН МЕДАЛЬ РЕСПУБЛИКЭМ КЪЫХУЕХЬ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондэмкIэ я федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн къызэрыджиIамкIэ, Дагъыстэным и Каспийск къалэм жэпуэгъуэм и 14 - 16-хэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм паралимпийскэ тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

ЦIЫХУХЭМ Я ТЫНШЫГЪУЭР КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩУ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ иужьрей илъэсхэм ди щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIэкIащ. ЗэрытщIэщи, жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэIузэпэщхэм, абыхэм зыкъомкIэ елъытащ цIыхубэм я щыIэныгъэри.

КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУХЭР

Сабий сурэтым и Урысейпсо зэпеуэм, «Си адэ-анэрполицэм щолажьэ» зыфIащам, и щIыналъэ Iыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIам кърикIуахэр КъБР-м щыIэ МВД-м щызэхалъхьэжащ. Комиссэм къыIэрыхьат республикэм и районхэм къикIа лэжьыгъэ 20-м щIигъу.

ЧЭТЭНЫМ И ФIАГЪЫР

Чэтэныр (щыгъагъэм деж егъэлеяуэ дахэщ. Губгъуэм щоуфафэ гъэгъа щхъуэхэр, щIыхуфэ мащIэ зыщIэлъадэхэр, тхьэмбылыфэхэр, хужьхэр. Ауэ апхуэдэ дахагъэм ущыIуплъэфынур пщэдджыжьырщ. Гъэгъахэм пщэдджыжькIэ зыкъызэIуах, шэджагъуэм, дыгъэм и гуащIэгъуэм, гъэгъа щабэ цIыкIухэр полъэлъ. Чэтэн гектарым бжьэхэм къыпахыфынущ фо килограмм 15-м нэблагъэ.

КЪЭРАЛЫМ И ЩIЫХЬЫР ЯХЪУМЭНУЩ

Урысей Федерацэм Спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Албанием и къалащхьэ Тиранэ жэп­уэгъуэм и 23 - 29-хэм щызэ­хэтынущ бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. ЦIыху­хъу­хэмрэ цIыхубзхэмрэ абы щы­щIэбэнынущ медаль комплекту 30-м.

«Шэ хуабэ» хьэнтхъупс

Нартыху зэтеуда щIэгъэпщар псы хуабэпцIкIэ щэ-плIэ ялъэс. ЗэIащIэурэ шыуаным ит псывэм хакIутэ, тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуа­ныщхьэр трапIэри, сыхьэтиплI-сыхьэтитхукIэ, тхъурымбэр къытрахыурэ, ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ. А зэманым къриубыдэу псыр щIэвэщIэн хуейщ. ИтIанэ шэ хуабэр щIакIэ, шыгъу ха­дзэри, зэIащIэурэ дакъикъэ 15 - 20-кIэ ягъавэ.

ХАБЗЭР И ТЕГЪЭЩIАПIЭРЭ ПЭЖЫР И ПЛЪАПIЭУ

Иужьрей зэманым, дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум сом бжыгъэ къыIэрыхьэр бохъ­шэм дилъэхьэжу щыскъым. Дызы­хуэкIуар аращи, жьыми, щIэми сом гъэ­тIылъыпIэу яIэр банк зэхуэмыдэхэм къы­дагъэкI картэхэрщ. Зы лъэ­ныкъуэкIэ зи ­гугъу сщIы «картэхэр» тыншщ уиIэну, сыту жыпIэмэ зэуIу хъууэрэ, сом бжыгъэр абы нэхъ щыхъу­ма ­мэхъу.

БЭЧХЭ Я УНАГЪУЭМ ДИ ЦIЭР ФIЫКIЭ ЯГЪЭIУ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым щрагъэкIуэкI унагъуэм и пщIэр къэзыIэт, абы жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ «Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэр. Иджы еянэу къызэрагъэпэща апхуэдэ зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ псоми щыщ унагъуэ куэд. ЩIыпIэхэм щекIуэкIа Iыхьэм нэхъыфIу къыщалъыта унагъуэ 384-р иджыблагъэ ирагъэблэ­гъащ Москва.

ГЪУАЗДЖЭМ И ЦIЫХУХЭМ Я ЗЭХЫХЬЭ

КъБКъУ-м и «Точка кипения» IуэхущIапIэм щекIуэкIащ художникхэмрэ гъуазджэм и лэжьакIуэхэмрэ я академическэ проектым хыхьэу къызэрагъэпэща «Традиции и нова­торст­во в творчестве современных художников Северного Кав­каза» етIуанэ лъэпкъыбэ щIэныгъэ-практикэ конференцыр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке