Статьи на кабардинском языке

КЪЭРАЛЫМ И ЩIЫХЬЫР ЯХЪУМЭНУЩ

Урысей Федерацэм Спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ зэбгригъэха хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, Албанием и къалащхьэ Тиранэ жэп­уэгъуэм и 23 - 29-хэм щызэ­хэтынущ бэнэкIэ хуитымрэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. ЦIыху­хъу­хэмрэ цIыхубзхэмрэ абы щы­щIэбэнынущ медаль комплекту 30-м.

«Шэ хуабэ» хьэнтхъупс

Нартыху зэтеуда щIэгъэпщар псы хуабэпцIкIэ щэ-плIэ ялъэс. ЗэIащIэурэ шыуаным ит псывэм хакIутэ, тхъурымбэр къытрахыурэ зэ къытрагъэкъуалъэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, шыуа­ныщхьэр трапIэри, сыхьэтиплI-сыхьэтитхукIэ, тхъурымбэр къытрахыурэ, ныкъуэвэфI хъуху ягъавэ. А зэманым къриубыдэу псыр щIэвэщIэн хуейщ. ИтIанэ шэ хуабэр щIакIэ, шыгъу ха­дзэри, зэIащIэурэ дакъикъэ 15 - 20-кIэ ягъавэ.

ХАБЗЭР И ТЕГЪЭЩIАПIЭРЭ ПЭЖЫР И ПЛЪАПIЭУ

Иужьрей зэманым, дызэрыщыгъуазэщи, цIыхум сом бжыгъэ къыIэрыхьэр бохъ­шэм дилъэхьэжу щыскъым. Дызы­хуэкIуар аращи, жьыми, щIэми сом гъэ­тIылъыпIэу яIэр банк зэхуэмыдэхэм къы­дагъэкI картэхэрщ. Зы лъэ­ныкъуэкIэ зи ­гугъу сщIы «картэхэр» тыншщ уиIэну, сыту жыпIэмэ зэуIу хъууэрэ, сом бжыгъэр абы нэхъ щыхъу­ма ­мэхъу.

БЭЧХЭ Я УНАГЪУЭМ ДИ ЦIЭР ФIЫКIЭ ЯГЪЭIУ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым щрагъэкIуэкI унагъуэм и пщIэр къэзыIэт, абы жылагъуэм щиIэ мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэ «Илъэсым и унагъуэ» зэпеуэр. Иджы еянэу къызэрагъэпэща апхуэдэ зэхьэзэхуэм хэтащ Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэ псоми щыщ унагъуэ куэд. ЩIыпIэхэм щекIуэкIа Iыхьэм нэхъыфIу къыщалъыта унагъуэ 384-р иджыблагъэ ирагъэблэ­гъащ Москва.

ГЪУАЗДЖЭМ И ЦIЫХУХЭМ Я ЗЭХЫХЬЭ

КъБКъУ-м и «Точка кипения» IуэхущIапIэм щекIуэкIащ художникхэмрэ гъуазджэм и лэжьакIуэхэмрэ я академическэ проектым хыхьэу къызэрагъэпэща «Традиции и нова­торст­во в творчестве современных художников Северного Кав­каза» етIуанэ лъэпкъыбэ щIэныгъэ-практикэ конференцыр.

ЩЭНХАБЗЭ IУЭХУЩIАПIЭХЭР ЗРАГЪЭЛЪАГЪУ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ и министр Любимовэ Ольгэ. Абы зригъэлъэгъуащ республикэм и щэнхабзэ IуэхущIапIэхэр. Ап­хуэдэу зыщигъэгъуэзащ Нартан дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм, Къэбэрдей, Балъкъэр къэ­­рал драмэ театрхэм, Театрхэм я уардэунэ яухуэм, Гъуазджэ­хэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэ­рал институтым щекIуэкI лэ­жьыгъэхэм.

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ ИКIИ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИIЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ВетеринариемкIэ и управленэм иджыблагъэ щыхьэщIащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ ­КъБКъМУ-м и ветеринар факультетым и 4 - 5-нэ курсхэм щIэс студентхэр. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ управленэмрэ абы и къудамэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым ветеринар медицинэмкIэ и центр» къэрал-кIэзонэ IуэхущIапIэмрэ я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм, нэхъыбэу зытрагъащIэ Iуэхугъуэхэм. 

ЩIЭНЫГЪИ, КЪАРУИ, ЗЭФIЭКIИ

Ди гуапэ зэрыхъущи, ди къэралым ис щIалэгъуалэм куэду яхэтщ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ зыбгъэдэлъхэр, IуэхугъуэфIхэм хуэжыджэррэ жэрдэм дахэхэр къыхэзылъхьэхэр. Абыхэм ящыщу мащIэкъым щалъхуа жылэхэм, къуажэхэм я ехъулIэныгъэм хуэлажьэу а щIыпIэхэм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щезыхьэкIхэр.

ЛЪЭПКЪ ГУПСЫСЭР КЪАРУ ХУОХЪУ

Арымбэч (Arimbeg) Айшанур Узуняйлэ къыщыхъуащ. Ар щеджащ Тыркум, Коджаэли, щыIэ къэрал университетым (Kocaeli University) промышленнэ инженеру. Ар 2020 гъэм къиухауэ, и IэщIагъэм иролажьэ. Зэгуэр Хэкум икIыу Тыркур псэупIэ зыхуэхъуауэ щыта адыгэ унагъуэм и щIэблэщ. Иджыблагъэ Айшанур унагъуэ щыхъуащ Истамбыл, Щоджэнхэ я нысэщ.

АДЫГЭ МЮНХАУЗЕН

Шэч хэмылъу дэтхэнэ лъэпкъми иIэжщ езым и IуэрыIуэдзхэр, таурыхъ-шыпсэ ныбэхэр, уэрэдгъуохэр, кIэщIу жытIэмэ, лъэпкъ IуэрыIуатэм хуэIэижьхэр. Абыхэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд зэгъэкIуауэ, узыIэпишэу пцIы зыупсыфхэм, шыпсэхэм, гушыIэхэр къэзыгъэщIхэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке