ЧЭТЭНЫМ И ФIАГЪЫР

Чэтэныр (щыгъагъэм деж егъэлеяуэ дахэщ. Губгъуэм щоуфафэ гъэгъа щхъуэхэр, щIыхуфэ мащIэ зыщIэлъадэхэр, тхьэмбылыфэхэр, хужьхэр. Ауэ апхуэдэ дахагъэм ущыIуплъэфынур пщэдджыжьырщ. Гъэгъахэм пщэдджыжькIэ зыкъызэIуах, шэджагъуэм, дыгъэм и гуащIэгъуэм, гъэгъа щабэ цIыкIухэр полъэлъ. Чэтэн гектарым бжьэхэм къыпахыфынущ фо килограмм 15-м нэблагъэ.
Пасэрей урымхэр чэтэным еджэрт «linium»-кIэ, «сэбэп дыдэ» жиIэу къикIыу. Абы къыхащIыкI щыгъын, тепIэнщIэлъын, хъар, стIолтепхъуэ, нэгъуэIщ куэди. Мысыр фараонхэм я хьэдэмыфхэр зыкIуэцIылъыр чэтэн бинтт. ТхылъымпIэр щыщымыIэм, цIыхухэр щэкIым тетхыхьырт. Ди эрэм и пэкIэ VII лIэщIыгъуэм чэтэн щэкIкIэ ятхауэ щытащ «Чэтэн тхылъ» зи фIэщIыгъэу пасэрей этрусхэм къащIэна IэрыкIыр.
Неолитым и зэманым археологхэм Швейцарием къыщагъуэтауэ щытащ чэтэн жылэ гъэжьа, чэтэн Iуданэ пычахуэхэр, чэтэн кIапсэ, щэкI тыкъырхэр. Ар щыхьэт техъуащ неолитым щыгъуэ цIыхур чэтэным зэрелэжьам. 
Чэтэным и лъэужь Испанием къыщагъуэтащ жэз лъэхъэнэм щыгъуэ. Ауэ чэтэныр цIыхухэм къызэрагъэсэбэпам шэчыншэу щыхьэт техъуэ хьэпшып нэхъыбэ дыдэу къагъуэтар зрихьэлIэр гъущI лъэхъэнэрщ. Абыхэм ятепщIыхьмэ, чэтэныр Европэ псом, Скандинав хытIыгум нэсыху, къыщагъэкIырт. Археологие хьэпшыпхэр, литературэ, тхыдэ, лингвистическэ тхыгъэхэр щыхьэт тохъуэ пасэм чэтэныр Швейцарием, Германием, Индием, Мысырым, Месопатамием, Бухар, Афганистаным, Хорезм, Туркмением, Азие ЦIыкIум, Абиссинием, Алжир, Тунис, Испанием щыIауэ.
Пасэрей тхыдэтх Геродот тетхыхьащ Родосскэ Афинэ тыгъэ хуащIауэ щыта чэтэн щэкIым. Дэтхэнэ Iуданэри Iуданэ пIащIэпсу 360-уэ зэхэлъыжт. Чэтэным щелэжьу щытащ Колхидэм – абыхэм тыркухэм къуэды иратырт чэтэнкIэ.
 Чэтэныр Урысейм щацIыху IX лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ. Летописым ущрохьэлIэ славянхэм чэтэн щыгъынкIэ захуапэу щытауэ иту. Пщы Ярослав, уеблэмэ чэтэн зыдыгъухэм ятелъхьэн хуей тезырым теухуауэ унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIат. X-XI лIэщIыгъуэхэм къэралым чэтэным щелэжьырт, дагъи Iудани куэду къыхащIыкIыу. МэкъумэшыщIэхэм пащтыхь мылъкум (казна) халъхьэрт чэтэн.
XVIII лIэщIыгъуэм Петр I чэтэн IэпщIэлъэпщIагъэм теухуа унафэ къыдигъэкIащ. Чэтэн щэкIхэр къыщыщIагъэкI IуэхущIапIэхэр къэунэхуащ абы и фIыгъэкIэ. Екатеринэ II чэтэныр къэралым ипшыну хуит укъэзыщI унафэ къыдигъэкIащ. XVIII лIэщIыгъуэм Франджымрэ Инджылызымрэ я щэкI зэIущапIэхэм ди къэралым и чэтэныр къыщагъэсэбэпырт. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм чэтэн зыщI комбинатхэм пащтыхь пщIантIэри армэри яузэдырт. 
Чэтэныр щэкI промышленностым и закъуэкъым къыщысэбэпыр, атIэ медицинэм, химие, тхылъымпIэ промышленностыми сэбэп щохъу. Чэтэн щэкIыр къыщIэбгъэкIыныр нэхъу гугъущ, чэсыргейм нэхърэ. ГъэщIэгъуэнкъэ, чэтэным къыхэпщIыкIыфынущ канатэ кIапсэ быдэхэр, парус кIапси.
Вадковский Ю. В. я пашэу щIэныгъэлI гуп елэжьащ чэтэн щэкIым и пIалъэр къэхутэным, абы щIыIагъ-псыIагъкIэ зэрызихъуэжыр ягъэунэхуащ. Къахутащ чэтэным цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъункIэ хъун зы пкъыгъуэи зэрыхэмытыр, цIыху Iэпкълъэпкъыр хуиту зэригъэбауэр. Чэтэн щыгъыным цIыхухэр кърегъэл дунейр щыхуабэвэхым дежи.
Чэтэным бактериехэр, уз зэрыцIалэхэр еукIыф. УIэгъэр чэтэн бинткIэ упхэмэ, нэхъ щIэх мэкIыж. Чэтэн Iуданэм хэлъ «кремнезие» жыхуаIэр бактериехэм пэщIэтщ. Ар хирургием къыщагъэсэбэп, чэтэн IуданэкIэ уIэгъэхэр ядыж. 

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.

05.05.2024 - 13:16

ГЪУЭГУ МАХУЭ ТЕТ МАФIЭГУР

«Жемчужина Кавказа» мафIэгур Налшык къыдыхьащ накъыгъэм и 2-м. Абы ис зыплъыхьакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ зрагъэлъагъуну. 

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.